Щауэ ишыж

Уэ, ди шынэхъыщIэу, лIэщIыгъуэр зей!
Бажэ уещэм, щыхь къэбукIыу,
Баш щIым хэпIум, бэв къыпыкIэу,
Узыхыхьэм я дэрэжэгъуэу,
Уи ныбжьэгъухэр куэд ухъу,
Уи гъащIэр кIыхь ухъу.
Дауэдапщэр маещ,
Лъэужьыр къыщежьэ махуэщ,
Лъэпкъ мыгъэкIуэдщ.
Щхьэ лъащIэр пхуэхъуар.
Уи жьы хъугъуэм дамэгъу дэгызэщ,
Уи ныбжьэгъухэр уи щтапIэ гъусэщ.
Сапэм нобэ лъыпэр кърагъэкI,
Зэхыхьа лъитIыр лъэпкъыр зейм хуобагъуэ,
Пэрыт цIыхум и мылъкур пэIущIащ,
ГъащIэм и щIэрэщIэгъуэщ,
ЩIыпIэм и дыгъэ мазэщ,
ЩIалэгу хэгъахъуэщ.
ФIыгъуэр лъэпкъым къыщихъуэм,
Хъуэхъубжьэр къызэхуашэс,
Зэхуэсахэм хъуэхъу къыфхужаIэ,
Жумарт нэсым псэуэгъу фызэхуищIащ.
Тхьэшхуэм и саугъэтщ,
Уи насып Iыхьэщ,
ХъуэхъупIэ махуэщ,
Махуищэ уасэщ.
Псэхэр мэгуфIэ,
Благъэхэр мэпэкIу,
КъэкIуахэр уэ къожьэ,
Къеблэгъэж, дыножьэ?!..
КъыпкIэлъыджэм уагъуэткъым,
Узыхэтри къытхуэщIэркъым,
МЧС-м сокIуэ жыпIэурэ,
ЗыбгъэкIуэду щытащ…
КъыдэпщIари догъэгъу,
Уи кIуэдэгъухэр зэхэтщ,
ХъугъуэфIыгъуэр къывожьэ
Саму фишхыр зэтетщ.
ПщIэм, нэмысым и бжаблэм,
ПфIэфIщ уитыну уэ уардэу
Зэхызох цIыхухэм жаIэу –
Ухуэфащэу уи лъэпкъым
Уи адэжь хэкум  щефIакIуэ,
Уи анэ дахэу епсалъэ,
Уэ уи лъабжьэм дохъуэхъу
Упсэуху, ижьырабгъу ухъу.
Дызэхэпхыу догугъэ,
Тхьэм къуитар сакъыу зехьэ.
Бжьы щIэмыхьэ умыхъу –
Гъуэгу темыхьэр банэкIэщ.
ХьэуазэпIэм укъыхэкIами
ДэрийпIэм щыжей.
«Сожей» жыпIэу ухэмыжае,
Уи унэр къатитIщ,
Пащтыхьыкъуэм ухуэдэщ.
Армэри пщIэкIащ,
Иджы узейхэм уарейщ
Амир! – къэIэби хъугъуэ-фIыгъуэхэр сIых!
УлIыфIти ФатIимэ и хъым уихуащ,
Дунеижьым нэщэнэфI и куэдщ,
Тхьэм абы фыхимын,
Маржэ хъун, фызэгурыIуэу фыпсэу!
 ФЕУЭ!


Рецензии