Зэманым сегъэгъуфIэ

                Шыдыр ужын ***йм мэжджытым деж макIуэри мэув
                (Адыгэ псалъэжь)
Ерущ зэманыр уигъэтхытхэу,
Щыхуейм IэштIыму гур ехуэ,
Уи IейкIэ зыри хэмыхжьми,
Нэхъыбэм къуиткъым гукъыдэж.

Щытатэм мазэ и зигъазэу
Нэхъ мыхъуми тIэкIу дыкъытенэнт,
Къэтлъагъум гъуджэ дыблэмыкIыу,
Абы гупсэхууэ диплъэнт.

Iэпкълъэпкъым нерву хэлъу хъуам,
Ар ***йм зэрыхъуу къылъэIэс,
Си щхьэцхэр уэсу щымытхъуам,
Зэманыр сщIарэт здэщыIар.

Ар,- хьэу къимыдзэ зэрыслъагъуу,
Зэу си щIалэгъуэр сигу къокIыж,
Си узыншагъэм сырипагэу,
ЩIыщымытар иджы жыфIэж.

Дуней былымым сыщенэцIым,
Псэм я нэхъапэр бэгъуау сиIэт,
Гу уз щхьэ узым сыхуэхейу,
ГъащIэр мэмырыуэ сехьэкIт.

Сигу зэрыкъабгъэу зызыфыщIыжым,
Нобэ сэ ткIийуэ спэщIэти,
Я щIэу хъуар сщIэр нэхъхъущхъуэфIхэм,
Рецепт зэмыщхькIэ жыпхэр къуащ.

Зэманым баш къызигъэщтэну
Сэ зыкъом щIауэ сырехухь,
Апхуэдэу ар къызэгуэуэнм
Секъунущ сщIыну гъащIэр-кIыхь.

ЦIыху зыхэгъэж зымыщI зэманым,
Сэ куэдкIэ арэзы сыкъещIыр,
ЩыслъагъукIэ игъэдыкъыу си жагъуэгъу
Гу зылъыстэху абы нэхъыфI сырехъур.

Iэлъэныкъуэ баш сэ къасщтэу щытым,
Куэдым я щхьэфэм сиIэбэнущ,
Сэ си ущийхэр зэхэзмыххэм,
Ар нэхъ къащхьэмэму фэ изоплъыр.


Рецензии