Къан
ЩIым сытету къэскIуари мащIэщ
Дамэ зытетхэм сырадэуэгъущ,
СыкъигъэщIам сыт хъунт къуршыбгъэу.
Уафэм нэмысам а псор имыщIэ,
Хуэсакъыу щIым тету къвкIухь,
Къуршыпс ежэхым я дэущ макъым,
Ирокъу къыфIэщIыжу – пшэрыхь.
Ауз эахуакум сыдэзэшыхьу,
ЗгъэкIуэну махуэм сыхуреныкьуа,
Дамэ зытетхэм зезгъэщхьу,
Хьэрэкхъуэрэ сытету-сыроплъэр Жэнокъуэм.
КIапсэлэрыгъу сиIарет,
ЗащIэу ездзынут Афэбг,
Къуршыбгъэхем я къан сызэрыхъурэ
Къэсщтэну ар сыщIобэг.
Аранэм щесхьэкIа сабиигъуэр,
Куэдыуэ къысхуощхьэпэ,
Сыпэувыну благъуэм,
Батыру дунейм сытетщ.
ГъащIэм кIапсэшхуэ тездзам,
Уардэу сытету сырекIуэ;
Сыкърогъэлу жьыугъуэджэм,
Къуршыбгъэу си даме хэм.
Зеикъуэ къу.
2000
Свидетельство о публикации №115041610611