Тыгъэ

ГъащIэм чачэу селъэф мащэм –
Хъунщ жи батэу уэ бъэшар.
Куэд къэнатэкъым озэщэм,
КьысфIекъутэр, мурад сщIар.
Къыдилъэфыцэ гъатхэхэм,
Абы Iэху щхьэ сыкъыщIа,
Сыздытатым ауэ бжьэжэм,
Уэу сиIэм кIэрыхуащ!
ЩIымахуэжьыр си псэр хэухуэнащ,
Жьы сыхъуамэ – адэкIэ махуэщ.
Уэс нэужьыр си дунейщ.
ЩIым и напэм зехъуэж слъагъуу.
Зэу удзыщIэр къыдокIуей,
Абы лъамцIэу зэ сытехьэм,
СщIэу сыхъунущ Iыгъыгъуей.
Си тхьэкIумэм уэрэд къиIуэм,
Сы сабийуэ седэIуащ,
Ар жызыIэм и адэм и адэм,
Къыпачау ещхь хъужащ.
Къуалэбзухэ! – фэ фыщыIэу,
Сэ илъэсхэр къыстекIуэнкъым.
Фи уэрэдхэр щызэхэкIэ,
КъызобэкIыр дэрэжэгьуэр…
Иныжь къакIуэу къызэмыIэм,
Си пIэм зыми сыхуичанкъым,
Ди аузым макъыу щыIум,
Сыпэмыджэу – къэгъэнэныгъым!
Си Iэдакъэм хъун кьыщIэкIым,
ЦIыхухэм ар уэрэд ящIынщ,
Гъатхэр кIуэрэ хуабэр икIым,
Бжьыхьэм тыгъэ ар фхуэсщIынщ.
                14.03.2015 г.


Рецензии