IэфI тещIэж

          1
Зэи дэмыкIуэуэрэ зи фэр кIуам
СощIэж батэ хуэзгьэшау
Сэр нэмыщI жэзыIэм-«Iым»,
Къыхуисхыну джатэ.
Псэ зыIутым я нэхъ дахэр,
А зэманым щаIыгът пхъуантэм,
Iэгъуэблагьуэм цIыху щызекIуэм,
Ар къахэщырт дыщэ кIанэу.
Мыдрей цIыхухэм ещхьу,
Хъыджэбз дахэр зейхэр псафэт,
Дэнэ кIуэнт, къихьыну псы,
Ар дунейм къытэхьэрт.
Мэз сыкIуауэ бжьо слъэгьуам,
Къыпачауэ ещхьт а дахэр,
Псы къуийм нэсу къэсыжыху,
КIуаращ, плъагъуу щтэIэщтаблэт.
Уэгум щакIуэу ит къурщыбгъэм,
И нэм къыфIэнар IэщIэкIрэ,
Сыкъытехьэрт лъагъуэм,
Iуэху блэкI сиIэ хуэдэ…
ТхьэIухудым я унагъуэм,
Хэтми ткIий дэсащ я пщIантIэм,
Къэзылъхуами? Къыдалъхуами?
Ди «зэIущIэр» шэу техуащ.
Мыстхэ я пхъум сыхэнами,
Къэунэхуащ псэуэгъу,
СемылъэIуу къызэлъэIути,
И хьэтыр слъэгъуащ…
           2
ГьэунэхупIэ уимыхуауэ,
Гъусэ пщIар къэцIыхугъуейщ,
Къэхъуащ махуэ – дызэтехуауэ,
ДиIэр IэфIыу ипщэфIащ.
Зэу дефолт щыхъуам къэралыр
ПыIэ ящхьэрыгъыу лIыхэ,
Фызхэм бий ящIащ.
СССР дунейр зи инагъыр,
ДымыщIащхьэкIэ джэдыпсэт,
Жьы пхэнж къызэрепщэу.
Зэуэ и щхьэр къыфIэхуащ.
ЗанщIэу и пщэр пагъэхуам,
Лыр хьэрэм мыхъункIэ хъунт.
Асыхьэту тепщэ хъуахэр,
Хьэгъэсауэ фIыуэ памэрт.
А зэманыр сигу кьэкIыжым,
Зэу сеубыд щIыIэ техьэгъуэм.
Мыстхэ я пхъур фыз схуэхъуам.
Къызитынти – уз.
Батэкьутэ пхуэгъэщынущ,
УзэгурыIуэу узыдэпсэум.
Зэи си пщIыхьым хэмытам,
Сыдэхъуащ – къуэбынщыбын!
Дотэ! – жиIэу сызыгъафIэм,
ГъащIэ Тхьэм кърит,
ХузощI фIыщIэ къэзылъхуам,
Тхьэм ди япэм иригъэт.


Рецензии