Си жэнэт IункIыбзэ

Ныбжьэгъухэмрэ
Жэгъуэгъухэмрэ
Сатыру къестхыхащ.
Схуохьур ахэр дамэ,
Сэ адыгэм сыкъалъхуащ,
Зэдэбжэу гьэщIэгъуэну,
Ахэр зэхуэдизщ,
Ныбжьэгъухэм зы къыхэхъуэм,
Къонэхур зы шэрэз?
Махуэр бзыгьэу сыплъэм,
Уафэм иIэщ нэз,
АдэкIэ си кбъэкIуэнум,
Сэ сегъэгулэз.
Си гъащIэм нэгъуэщI цIыхум,
Сэ мащэ къыхуэстIакъым,
ЕкIэ къыслъихьахэм,
Зыми къащIэкIуакъым.
ЦIыхуищэ зэхуэсамэ,
Соборание щаукъуэдийм,
Си псалъэр утыку къислъхьэм,
БжьыфIэт парт собраниер.
Дуней зэIумыбзым,
Куэд сэ къызогъэз,
Си анэдэлъхубзэ –
Си жэнэт IункIыбзэ!
ПсальэкIэ слъэкIамэ
Дунейр зэтес сщIынут,
Кърамыхыу къамэ,
ЦIыхухэр згъэпсэунут.


Рецензии