Духьэжым соубзэ

                Хьэггъур Хь. деж
Дакъикъэбжым сещIэпщауэу,
Бжьыхьэ жэщыр нэхъ кIэщI сщIарэт,
Си нэпIащхьэхэр къэпщау,
ПIэм сисыну сэ схуэфащэт.
Сымаджэщым цIыхуу щIэлъым,
Я гукъеуэр хэт жиIэн,
Уи гъуэнэгъур ину пырхъым,
Узу уиIэр тIу пхуищIынщ.
Гъуэгум тету кIуэ мафIэгум,
IэфIыу сэ сыщыжейят,
Сымаджэщым я палатэм,
ЩещI зыгуэрым иныжь жей.
ЗэрысщIэжырэ си сыхьэтыр,
Шэч сигъэщIыу псынщIэу макIуэ,
Зэу инащ лъэданэ?
Нэрыбгих щыжей палатэм,
Гугъущ жей Iыхьэ щепхьэкIыну,
Депутатыуэ сыкIуатэм,
Сыщыжейрт «СВ» палатэм.
Си гъуэлъыпIэр си плIэм исльхьэу,
Спецбольницэм дау сыкIуэну,
Абы я бжэм себэкъуатэм,
Зыкъизнэнт – пIэхэнэу.
Мы ди гьащIэр сыту мыгъуэ,
Уи жьы хъугьуэм куэд къохьей,
Нэм къыфIэнэм иIэ дагьуэ,
Е езыр си Iей.
Си лъэпагъым къит гьуэлъыпIэм,
Духьэшы щожей,
Дадэр и пIэм щизэгъэжым –
ЖиIащ - бисмылэхьи!?...
Ар мыжейуэ къызэщыуатэм,
Уэршэрэгьу сиIэнут,
Е тхьэм сэри селъэгуатэм,
Жей Iувым сыхэтт.
Первэныкъуэм сыщыщIэсым,
Хьэрф зэгуэтхэр зэзгъэщIащ,
Къыратхъау алыф слъэгъуатэм,
Иджы кысщхьэпат.
Сэ дунейм сыкъыщыкIуам,
Азэн джэу щытакъым,
Сэ абыкIэ куэд къысхуогъу,
Зэхэсхар жысIэжкъым…
Сэ сыпсэу хэхыгъуэр къэсым,
Депутатыуэ сыкIуэнщ,
СыпхыкIау мандат къыслъысым,
Льгот сиIэнщи сIуэтэжынщ.
Диным цIыхур егьэкъабзэ,
Духьэшым нэху щау соубзэ,
«Бисмылэхь…» жысIэф сыхъуауэ,
СыщылIэнум деж сырелIэ.
                26.11.2014 гъ.


Рецензии