Хуэсакъ

          I
ТIасхъэщIэхыр бий быдапIэм,
Жэщ мазэгъуэу кIуэркъым,
Щихьэр блгьэу ар а щIыпIэм,
Нэм щIэIэбэр щумылъагъурщ.
Блащхьуэу ар щIым телъу щыпщкIэ
Гузэвэгъуэр къебэтэкIми,
Илъэгъуну х у е й щ и нитIкIэ,
IэщIихыну псэы къенахуэр.
Абы бийм зэгуэпу х у и I э м –
ЩIэрэ гъунэрэ имыIэ,
Уэс зыхэлъыр егъэткIу бампIэм,
Ауэ итIани лIым зешыIэ…
          II
КъуакIэбгыкIэм Iэгъуэблагьуэр,
ТIасхъэщIэхым къикIащ и пхъэр,
ЩызгъэкIуауэ сабийигъуэр,
ФIыу солъагъу сэ бгылъэ щIыпIэр.
Ауэ кIыхьхэм жылэ дэсхэм,
Куэд къыщохьур гъэщIэгъуэну,
Ауэ пагэ хъыджэбз дэсхэр,
Гугъусыгъущ я гур къэпхъэхуну.
ЩIалэ хэдэ зыщIхэм язым,
Нэ теслъхьау щытащ зэгуэр,
Иджы флъагьум си нэр плъызу,
Си гум ар кьэкIыжу арщ.
Iэщхэр псори згьэзэгьэжу,
Жэщ мазэгьуэу сыщежьам,
Сэ, бий лъахэ сихьау аркъым,
ТхьэIухудт сызыкIэлъыкIуар.
Хъыджэбз дэсхэлг уд къахокIыр,
Ахэр сытым хуэдэу бзаджэ,
ЩIалэ хейхэр къыздагьажэр,
Яхэтщ зи гур мылгъурыджэ.
Ухуэхеймэ уэ бажагъэм,
Зыщ Iэмалу къыпхуэнэжыр,
Уепсэлъэнырщ дахэу-дэгъуэм,
Мылу щIыIэ и гур бгъэткIуу.
Уи бзэр уэ къулейуэ ищIэмэ,
Куэд и мыгъуэм жепIэфынущ,
Ди адэжьхэм жамыIа
Уэ къохъулIэм у – жьэнахуэщ!
          III
ТIасхъэ щIэх ежьа зауэлIым,
ЗибзыщIыху нэхъыфIым,
Ущыункъым у нэщIэпкIэм,
Уэ уи дежкIэ ар нэхъ щхьэпэщ.
Бий быдапIэм бзэгу къизыхыр,
Хэту щытыми лIыхъужьщ,
ТхьэIухудыр къэзыхьэхуфыр,
Нэгъэсау щIалэжьщ.
Къохьу апхуэдэ хъыджэбз дахэм,
ЩIалэ куэд хузэблэкIыу,
Хуэсакь илъэкIым уэ абыхэм,
КъахэкIынущ уи ижэгьу.
Абы язым Iуэху укъищIым,
У хьеуану игъэIунщ,
ЖьэкIэ уэ у лъэщми,
Упсэуху ар уи бийинщ.


Рецензии