Хъыбархэр

        I
Бахъэсэныжь лъэмыжыр трихащ.
Хьэблэ Iэщыр ЛэмпIэжьыкъуэ щохъуакIуэ.
Колхозым председателыщIэ ягъэуващ.
Къуажэ чайнэм щIыхьэр щофакъуэ.
Мыстхэ я щIалэм нысэ къихьащ,
Нащхъуэщ, пэтIинэщ, плъыжьыбзэу и Iупэр лащ.
Лэгъунэм «здрасти» жиIэу къыщIокI,
Гуащэм урысыбзэкIэ ищIэкъым псалъэ.
Заводым и пэшхьэкур къутащ,
Мывэу иралъхьэр мысауэ къокIыж,
ФIамыщIыр лэжьакIуэхэм унэм яшэ,
Сэху нэхъыфIхэр щэхуу мэкIуасэ.
Бахъсэн бэзэрым щэхуакIуэ умыкIуэ,
СатуущIхэр къэзыщэхум нэхърэ нэхъыбэщ.
Сондэджэрхэм куэд яхузэфIокI:
Мылицэри прокурори я Iэгум щошхэ.
Райком лэжьакIуэхэм хъыбар щэху зэрахьэ:
Къущхьэхъум хьэпшыпыфIхэр яшэ,
Iэщыхъуэ пашэхэм ар иращэнущ,
АбыкIэ гукъыдэжыр ин ящIынущ.
Хьэпшыпхэр тыкуэным щынэсым,
Райком лэжьакIуэхэр зэрытегуащ,
Iэщыхъуэхэр пцIанэу къэнащ.
Мыстхэ я пхъум школыр медалкIэ къиухащ,
Дохутыру еджэну къалэм кIуащ,
Езы Ректор дыдэм экзамен Iихати,
ПсомкIи «тху» къихьащ.
Дунейм къыщекIуэкIым хапIыкI щIэблэр
Я щхьэм щIэтIахъуэу къэнащ:
Школым къыщыжраIэхэмрэ
Я нитIкэ ялъагъухэмрэ
ЗэикI яхузэтемыхуэ.
                II
Бахъсэныжь бгым езауэу къожэх,
Уэшх къешхмэ, Iэлу зэIохьэ.
Лъэмыж трихар фIэмащIэу,
Къуажэ пощтзехьэм и шыр етхьэлэ.
КохозитIу къуажэм дэтар,
Нобэ щыщIэдзауэ за хъужащ.
Председателыр дыгъужьу щымытмэ,
Жылэм иджы зиужьынщ.
Къуажэ щыхъукIэ къэзыхьи зыхьи дэсщ,
Гуащэр Iущмэ- гъэсакIуэщ,
Урыс къыхуэзами и нысэр фIыуэ егъэIу.
Сэху заводыр увыIами,
Гъэш заводыр мыуваIарэт,
Шэуэ щIахум шатэу текIыр
«Обкомистхэм» я гъуэмылэщ.
Бахъсэн бэзэрыр куэдрэ псэумэ,
Къэралышхуэр текIуэдэнщ,
Фи фIэщ мыхъумэ,
Феплъ, федаIуэ:
Сондэджэру фежьэжынщ.
Райком лэжьакIуэхэм я унэр
Алэрыбгъум щIиуфащ,
Зы лIым джэдыгуибгъу щишэхум,
Къущхьэхъу дэс Iэщыхъуэр
Джэдыгуншэ хъуащ.
Абы бэлыхь зэгуэр къимыкIынкIэ
Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ.
Дохутыр IэщIагъэм ***джэну кIуа пщащэр
Ерыщу школым щеджащ.
Урокым щIэкIуэсыкIыу щытахэу
Унивеситетым дапщэ пхыкIа?
«Шэ щIэху пэжыр» куэдым я щхьэ йоIэбэ,
Къуажэм ари ямыIам 
Жылэр къуажэу къэнэжынт?


Рецензии