Жей Говорение

Жэщщ.
КъатитIу зэтет унэм,
Гъуэбжэгъуэщу жейр щIэкIащ.
И хьэрэмщ езгъэшхыр си хьэм,
Зэхэсхынт кIэлъыбэнам.
Зызогъазэ, сыкъотэдж,
Зызоплъыхьри согъуэлъыж,
Ауэ жейр сымыгъуэтыж.
А си жейм къимыгъэзэжым,
Пхъэ къутауэ пIэм силъынщ.
Гъунэгъухьэм къыщIидзауэ,
Жэщыр банэу къегъэуш,
Сэ си жейр абыкIэ кIуамэ,
Къыжьэхэлъэу къыщIэкIынщ.
Щауэ щIалэм нэхъыжь еджэм,
УэредадэкIэ къашэж.
Ауэ жейм сэ сыкIэлъыджэм,
Хьэблэ цIыхур къэушынщ.
Ечындым щIидзауэ,
СэкIэ къыгух шатэу,
Уэсым щIыр щIехъумэ.
ЩIылъэм тету жейм къикIухьтэм,
Лъагъуэ гуэр къэнэнт,
И лъэужьым ситу сыкIуэм,
Зэгуэр къэзгъуэтыжынт.
Ауэ Iувкъым сэ си жейр,
Топ ягъауэм зэхэзмых,
Сыгупсысэу сыздэщылъым
ГуащIэу сигу къэкIащ:
Къэрэгъулым си жейр теуэм,
Уанэ мыгъуэ ар шэсынщ.
Сыхьэтшхуэм емызэшу,
Шэщыр хуэму къыпебжыкI,
Жейм хьэулейуэ къикIухьыхукIэ
Сэ зы усэ стхащ.


Рецензии