Налшык бэзэрым

Бэзэрым сыщыхуэзащ хъыджэбз шэшэну,
Дэп ужьыхыжауэ фагъуэт и нэр.
Къурш пагэхэм ирапIыкIа щхьэлъащIэм
Бэлыхьрэ ныбэкIэ къегуэуэфащ мы гъащIэр! …
     Отаров Керим «Си бэзэрым».

БэзэркIэ зэджэр 
               ар Iуэху  фIейщ,
Сату щIыным
               сыхуэхейщ.
ЖаIэу щытми –
               «йогъэлей»,
ЖысIащ зэхахыу
               сызыхуейр.
«Къурш лъагэм ирапIыкIа
                щхьэлъащIэм»,
Къылъысрэт  ар си жып
                къиуэну,
Тэрэзэр, зэрыхуейуэ иузэду,
                лым жьэнфэныр къигъэкIуэну? (къыхилъхьэну)
 Напэ хужьу дунейм утетми,
Нэжэсым уи гур зэщегъауэ.
Демократхэр къызэрыунэхурэ
Лейзехьэм сытри къыщIокIуэ.
ССР-м и зэманым
Уасэхэм кIэлъыплъ щыIащ,
Иджы у -«жьэIурыхум»
Емынэр уи унэм къихьащ.
Къурш лъагэм ирапIыкIа
                щхьэлъащIэхэм,
Лъэхъэнэм хуаIэщ гужьгъэжь,
Зэманым «бэзэр нанэ» ищIахэм,
ЦIыхугъэр IэщIыб ящIащ.

II

Алыхьым цIыхуу дыкъигъэщIащи,
Куэдым гу лъыдотэ.
Шэшэн хъыджэбзым и махуэхэм
Гъыбзэ хуэфащэу плъытащ,
Сэ си лъэпкъэгъу щхьэлъащIэхэр
Гуауэ гуэшакIуэ схуэхъуащ.
КIэртIоф кIилитхум тIур гъэчэми,
Унэм дапщэ нэпхьэсын?
Къэсхьар зэрыхъур къыщысхутэм,
Щхьэлажьэ сыхъу пэтащ.
Кул Iэдэмыр псэужатэм,
Унэм щIэсыр псынщIэу кIуэнут,
«Нэхъ губзыгъэу» сыпсэуну,
Хьэпэщыпхэ къысхуихьынут.
Абы щыгъуэ си унэ гуащэр
                Iэзэм згъэкIуатэм,
Бэзэр жыхуаIэр сымыщIэу
                магнатхэм сахэхуат.
Дефолт мыгъуэжьыр
                Iэ щIыIэкIэ щыIэбэрабэм,
Бэлэрыгъауэ и хъым сихуат,
Щхьэ зэфIэхыу
                дунейр щызэрапхъуэм,
Куэдым зыхэзгъэнами, 
КъызэщхьэкIуэу зым и лей
Си тэмакъыщIэм афIэкI щIэмыхуэн,
Лей зехьэу напэр зыщэжхэр
ГущIэгъу хэмылъу
Шыбгъэм къислъхьэнщ.
Си къалэмыпэм згъэкIуэным
Набдзэгубдзаплъэу сеплъынщ!


Рецензии