ПIалъэ

                С-э Л. деж
Щэбэтыр ди пIалъэщ,
Бэрэжьейр Мухьэдинщ,
Си Iэдакъэ къыщIэкIахэм
Аднан щIэджыкIащ.
Нэгъуэйм куэд хулъокIыр,
Бэр къегъэуш,
КъызэIуиха и театрым,
Батэр егъэш.
Сценэм щыджэгухэр фэлъхьэгъуищэщ,
ЩIэчэ имыIэу хъуэрыр зырадз,
Король Лир IэнатIэ мыгъуэщ,
И кIуэцI къикIа и бынхэм - зыхуадз?
Iущ урихьуну а эым урикъуни,
Адэ - анэхэр сыту тхьэмыщкIэ,
УщыпсэукIэ цIыхуу: жьыгъэр къокъунущ,
Хьэршым, - кIуэкIэ Iэджи иIэщ.
Бгъахъэу уи гъащIэр къепкъутэкIау,
Жьыщхьэмахуэм дауи зыхэбныну,
Фо бжьэ матэу къопщIэкIау,
БупIа и бынхэр - къоплъыну?...
Дэгу сыхъуам къызигъащтэу,
Хъыбар мыщухэ къоIу,
Адыгэхэми кърагъэжьау,
Европэм ещхь хъуну йокъу.
Къэзылъхуар хэт игъэпудми,
Дуней насыпым хэнынщ,
ЗэкIэ езыр «мыхьэдэми»,
Жьышхуэ псэу къыхуепщэнщ.


Рецензии