ХъунщIакуIэ - Рэкетир

1
ЦIафтэу си щхьэр сыупсау,
Щыхьэрым сыщыдэтым,
Жьы пхэнж къысхуепщау,
Къенахуэрт си сэфэтым.
Социализмэм ухальхуау,
Зэу дыгъужь ухъунт,
Куэд жакъуэт къыздэхъуау,
Хэти къикIт и кIэн.
ЗыхэкIыпIэм екIуэлIахэм,
Я гугъэр IэщIахат,
Ех къыхэкIт щыхупIэм,
Коммунизмэр – шыпсэт?
ЕтIощIанэ лэщIыгъуэр,
ИкIыхьагъкIэ хьэзабт,
И кIэухрати,
Зауэ - банэм хуэкIуэрт.
ЗылI и быну псэуа цIыхухэр,
Къэхъу - къащэм къигьэуIэбжьт,
ЖыIэщIэу кьэпсэуахэр,
Зэманым игъэпудт.
Вакьэ зэмыгуэгъуу,
ЦIыхухэр зэпэувт,
Хьэлэбэлыкь къызэрыхъунур,
Нэм кыщIэуэу плъагъут.
Хамэ хьэдэр кьэгъэнауэ,
Уи щхьэр гьейин х у е й т,
Сэ апхуэдэу семысауэ,
Нэпсыншэу, жылэр згьейт.
Мэзкуу къщыдэкI Указ-хэм,
ЦIыхухэр зэраущтт,
Iуэхум фIыу уримыплъэм,
Уэри уфэжагъухьт.
Зэгуэр дызэкъуэшау.
Гуауэрати, - фIэщ щIыгъуейт,
Къулей гуэрым ипхъу къыпхуэшэм,
Дыщэ ложкIэ къэбджэгуат.
Хьун щIакIуэуэ уежьэным,
Хуабжьу и чэзут,
Куэд щIэбэгт цIыхунагъым,
Адыгэхэр я гъуджэм иплъэжт.
Хьун зыщIэфхэр мащIэ хъуми,
Иджыри Iэуэлъауэт,
Хьэрэмт ямейр абыхэм,
Нарт щылъхухэр зэпIэзэрытт.
Дунейр зытезыIыгъэхэм,
Я щхьэр къыфIигъэхуу,
Ахэр зэрыт спискэм
Зэреджер – э л е к т р о р а т т.


Рецензии