Сытоу

Бахъсэныжь гъэмахуэ шылэм
Мылым хуэдэу щIыIэщ.
Лъыуэ пщIэтыр мыжьэражьэм
Уихьэзырщ, щIыIэ-техьэгъуэр.
Чэщейу къабзэу хьэдэгъэпскIым,
Абы дапщэ игъэкIуа.
Къыгуэж кIэнэуэщхуэм,
ЗыщызгъэпскIыу сыкъэхъуащ.
Лъэмыж лъагэм сыкъэлъау,
Псым и щIагъым сыщыщыIэм,
Цементыкъуэм сыдэлът благъуэу,
Псыу къежэхыр сисей хъуау.
Псыщхьэм зэи сыкъэмыкIуэжу,
Абы думпыу ситхьэлэнт.
Хьэрэкхьуэрэ слъагьужину,
СимыIатэм гукъыдэж.
Иджы къуажэм сыдахьэжым,
СыкIуэрейкъым а лъэмыжым:
Сакъ сыхъуащи, - лIыжьыр,
Япэм хуэдэу лъыр пщтырыэкъым…
Ноби сэ псэхэлъхьеу сиIэр,
Си нэм хуэдэу Хьэрэкхъуэрэщ,
И аранэм сымыкIуэфми,
Сыщытоу и лъапэм!


Рецензии