Зэхахарэт

ХьэтIохъущокъуэм и уэрамыр,
ФIыгъуэ тегъуэтапIэщ,
Ауэ уафэм къехуэхам,
Сэ сырищыпакIуэщ.
Иримыкъухэм нэхърэ сэри,
ЗыкIи сынэхъыфIкъым,
Пащхьэ нэхум, къихуар,
ИпIэм къизгъэкIунукъым.
Замок "ИФ"-м жэ "Джипыжьхэм",
Лъэтауэ фIэкI къакIухъкъым,
КъыкIэроху жыпIэнщ фадэбжьэм,
Здэжэм лъэрыгъым, лъэр кърах,
СэрнэмыщIи ди уарамым,
ЦIыху хей куэд щопэкIу,
А хъэрыпхэри ажалым,
Сэ, сэщхьыуэ доджэгу…
Ей къуагъыжьхэ – фыбэяу.
Дэ купщIафIэхэр хэвмыкъуэ,
Жылэм тхуащIым тротуар,
Псэ быдэжьхэм фIуатэжынщ…
ХьэтIохъущокъуэм и уэрамым,
ЦIыху тамыкIуэдарэт.
Къалэм и Iэтащхьэм,
Си жыIэр зэхихарэт!?
                8.1.2014 гъ.


Рецензии