Хъу э хъу

ЦIыхуу тетым щIы хъурейм,
Тхьэм зригъэузэщI,
Буржуий бохъшэу зызыкудахэм,
Тхьэм гущIэгъу къахуищI,
Къэрал ныпыр ди зэхуэдэщ,
Къытщхьэпэн Тхьэм ищI,
Дэ дриIэм, хэкур быдэщ,
Хъуну дэнэкIи зедгъэщI.
Хэт и пшIантIи дремыкIуэ,
Дыраджау дыуэщI,
ДыдэкIын х у е й хъуау гуфIакIуэ,
ЗызыIэтыным ящыщ дищI.
Жьый, пси мыкIуэу цIыху насыпыр,
Зыми хуэIущIэнкъым,
ИлъэсыщIэм фIым пэмыплъэм,
Зыри къехъулIэнкъым.
Гъэ дынэсрэ удзыр къежъэм,
Къуэлэбзухэр къэкIуэжынущ,
Псом нэхъапэ гъатхэпэжьер,
Гъуэгум зимыIэжьэм.
Пшынэ Iэпэр щIэуэм,
ИщIыжынущ пшынэщIыжым,
Ди жьэр зэи щIэмыпкIэу,
Тхьэм куэдрэ дигъэхъуахъуэ!
                Дыгъэгъазэ
                2013 гъ.


Рецензии