Шынэкьарабгъэ

         Зым схуемыгъэщхь щыпсэухэр мы щIыналъэм
         Iэтащ я хабзэр я Тхьэр х у и т ы н ы г ъ э р щ,
         Сабийхэр къагьэтэджми хэлъу лIыгъэ,
         Абыхэм щагъащынэ урыс псалъэм.
                М. Лермонтов

ЩIы хъурейм и Iыхьэ ханэр,
Щиубыдым Урысейм,
КъитхиукIэри и Iэбжьанэр,
Мыхьыр дигъэхьащ – лъэпкъ хейм.
Мыщэм и уIэгъэр,
Куэд щIащ зэрыкIыжрэ,
Къулейсыз дищIами,
Ажалым дкъелащ.
Нобэ тхьэлъэIу щытщIкIэ,
Дыкъуоджэр ди гъуэнэгъухэм,
Пащтыхь къыдэщхьэкIуам,
И лъапсэр ягъэгъуащ.
Пушкини, Толстой,
Пэжыр ябзыщIакъым,
Гуэныхьыр езым яейщ,
ФэрыщIагъэ яхэлъам.
Иджыри ди xабзэр,
Пшэхэм ящхьэ щыIэщ,
ДиIэщ х у и т ы н ы г ъ э р,
Дызэбын зэунэщ.
Щыуагъэ къэхъуахэм,
ЯремыIэ къытегъазэ,
ЦIыхуу хъуам зэрыщIэу.
ЗыпэIуадз - фэгъазэм.


Рецензии