КIуэдакъым

Дунейр уаяу, къетIэтIэхыу,
Яз си шэрхъхэм щыпщэхам,
МелыIычу уафэм къехыу,
ФIы къыхуищIэ – къысщхьэпам!
Жэщ блэкIам, мыжейу къыслъихьэу.
Си шэрхъитI зэу зыдыгъуам,
Пызогъувыр цIыхунагъэр,
Сэ сищIакъым, дыдж къэхъуам.
ФIымрэ-Iеймрэ зэпэшачэу,
Тету сфIэщI хъуащ мы дунейм,
Ер пшэчыфымэ бэшэчыу,
И чэзыуу ухуозэр фIым.
Сыщыгьуау щытатэм кIыхыу,
Сыхуэзэнэтэкъым цIыхуфI,
Щхьэц къыхэхум щыIэщ пыхьэ,
НытIэ ар нэхъыфI?
Бахъсэныжьрэ ЛэскIэнрэ,
Тэрчыпсым хохуэжыр,
Абы нэс дымыкIуэу цIыхухэр,
ГъащIэм дызэхуегьазэр.
Нобэ гъуэгум сыкъытенэм,
Си гу кьэкIынур Елей Толэщ,
ИщIэу фIы псым хиутIыпщхьами,
Сэ си деж ар щекIуэдакъым.


Рецензии

Завершается прием произведений на конкурс «Георгиевская лента» за 2021-2025 год. Рукописи принимаются до 24 февраля, итоги будут подведены ко Дню Великой Победы, объявление победителей состоится 7 мая в ЦДЛ. Информация о конкурсе – на сайте georglenta.ru Представить произведения на конкурс →