ЗэфIэкI

Хьэрэкхъуэрэ лъапэ щIы фIыцIэ гулъэщ,
ЛэмпIэжьыкъуэ и сэмэгур сыщалъхуа щIы Iыхьэщ.
БлэкIми-къыблэкIыжми я щхьэр кIэрахъуэу,
Феплъ абдежым музей – щамыухуэм.
Сызыдэнэсам, къызэлыжу гугъэ сиIэщ,
Iэ бэлагъымкIэ нэхъыбэм сытеIэбэнщ,
Бахъсэныжь и дэущ макъым есщIэнур сымыщIэ,
Къыздежьу жери, жэщ ныкъуэм къуоджэ?
Iэлъэныкьуэ башым иIэщ чэзу,
Си шы лъэ макъым аузыр къегъэпсалъэ,
Пегас сеIэтыр здынэмысым бзу,
Ар здэжысIэмкIэ – жыIэдаIуэу макIуэр,
Апхуэдизу хъыжьэу сытетщи дунейм,
Езым вжесIэфынукъым, сыщыщIэпэпхъуэнур,
Дыгъэ нуру си щхьэм зыгуэр къикIэрахъуэм,
Си хуарэм сошэсри – тхъытхъытхь апщий.
Бахъсэныжь, кхъуэфэжьей игъащIэм тетакъым,
Лъэмыж къэзмылъыхъуэу сызэпырокI,
Ар, сэ зэи схузэфIэкIынутэкъым,
Пегас, и фIыщIэкIэ ахэр схулъокI.
Языныкъуэ цIыхухэм яфIэщ фIыу сихъукъым,
Нэщыпхъуи гъэпщкIуауэ къыздемыхьэкI,
Ауэ Iуэху сщIырэ хэт сылъихьэми,
Зэхэсхыу жеIэр, сиIэу – зэфIэкI!


Рецензии