УпщIэ

БидаркIэ из нартыху кIэчан,
СепщIыхьащ ныджэбэ,
Аргъейикъуэ тета псы щхьэлыр,
Си гум къигъэкIыжу.
Щхьэлтетым и джарцышхуэр,
КъыхиIури си хьэжыгъэм,
МыупщIэрэ мыусэу,
Хипхъуэтащ хьэжыпщIэр.
Уэсу хужь хьэжыгъэр,
Хьэрэм зыхуэхъуным,
СщIащэрэт здихьынур,
МывитIым къыдинар?...

Нахуэу сыкъазыгъапцIэхэр,
ФIэмащIэ мы дунейм,
ПщIыхьым сыщыхэткIи,
Сыт къыщIэзэтхьэкъур?
                27.11.2013


Рецензии