Си Дыгъэ

                М. деж
КъозмыгъащIэу си гур къилъэтауэ,
Мал IэрыпIыу уи пащхьэм сыщитам,
Сехыурат щыхупIэм сыщихауэ,
СыкъэпщIэну занщIэу «Iым» жысIам…
Гъащэ гъуэгум хейуэ сыздрикIуэм,
Уэ уи нитIым сыт щхьэ сыIущIа.
Шы Iэдэжу сынакIуэнт уздэкIуэм,
Уи гум къэкIыу кIапсэ къыздэшута.
Къыщиудыу уэшх къешхыну пфIэщIу,
Нэху зэрыщрэ пшэщIэущ,
Уи деж сынакIуэ хъуну хьэщIэу,
Ауэ къызэрымыкIуэу и чэзущ?
НэкIэ зыжетIам къымыуIуатэм си гур,
Щэбэт махуэр зым щымыщу кIуат.
Ар къинэнущ иджы ди гум,
ХьэтIохъущокьуэм и уарамыр – игъуэу зэпысчат!
Агъуэблагъуэм цIыхуу щызэблIэкIым,
CогъэщIагъуэ – я нэр дэнэ щыIэ.
Уэр нэхъ дахэ щымыпсэу «Московскэм»,
Куэд хьэфизыуэ щызокIуэ.
СыпIэжьажьэу ескъутэкI дунейм,
Дыгъэ нуру, зэу укъысхуепсаи,
Сыхэнынущ иджы куэдрэ – жейм,
Нэху къыстещхьэу уэ, пхуэзгъэшу батэр.


Рецензии