Сохъуапсэр

                Бозий С. деж
ПIырыпI къэуэну згъафIэу,
Суфэдин согъэныбжьэгъу,
Дунейм ар тетщ щэныфIэу,
Уздеплъым къует дэрэжэгъу.
Щыткъым ар щIэщгъуэщIыу,
Тыбогъуэтэжыр жиIам,
Сытым дежи ар жумартщ,
И фIыцIэ зэхох удэIуам.
Жэщ кIыфIым ухуейуэ уепсалъэм,
Телефон кIапсэм кърокIуэ,
Уанэгум уису къилъагъум,
Пхуэхъунщ занщIэу шугъусэ !
КъэралитI зэбий хьуауэ къапщIэм,
Зи ар якум дэгъыхьэ,
Суфэдин абыхэм яIущIэм,
Кьэхъунукъым афIэкIа-зэрызехьэ.
Си ныбжъэгъур, Iыхьлыуэ иIэм,
Чэзуурэ якIэлъокIуэ,
Шы пшэр уанэу щутауэ сщIэркъым,
Джэрпжэжу фIы и щхьэм кърокIуэ…
Къулий Къесын и анэдэлъхубзэм,
Суфэдин хуэкъулейу иропсалъэ,
Мис аращ абы сыщIехъуапсэр,
Хэсхынтэкъым а бзэр хэлъам си псэм.
Балъкъэрхэм «срокыр» ямыухыу,
Дунейм сыкъытехьащ,
А лъэпкъым лей кьезыхахэм,
Дамэ лъэныкъуэу.


Рецензии