Анэл

Узэджэр къокIуэ.
(Адыгэ псалъэжь)
Псом япэр ныбэрати, студентхэр ныбэкIэ гугъу ирагъэхьыртэкъым. Колхоз къыкIэрыхуам цIыху щэ ныкъум щIигъу махуэм щэ лыхэкI яшхыу бгъэлэжьэныр Iуэху джэгутэкъым. Председателыр арэзыт, гъэр бэв хъуат. Гуэдзри, хьэри, нартыхури Тхьэм узэрелъэIунт, ауэ ахэратэкъым ар фейдэкIэ зыщыгугъыр. Колхоз ехуэхам и кассэм ахъшэ куэду къихьэнымкIэ абы гугъэ къезытыр щIэпыр арт. А къэкIыгъэр къэралым лъапIэу ищэхурт, гуэдзри, хьэри, нартхури, кIэртIофри абы хэтыжу. Гъавэ Iухыжыгъуэм деж къуажэдэсхэр абы зэрыхэуэр наIуэт, ауэ щIэпым хэтыт ***йр? Зыри хзэмыкIуэждыкIыу къархьэлIэжти ари куэд и уасэт. Уэшх къемышхыу, уэлбанэ къэмыхъуу студент къагъэкIуахэр а зэрылажьэм хуэдэу тхьэмахуитI лэжьэжыфатэм гъэр зэIузэпэщ хъунут, Райкомми обкомми зыуи кърамыдзэж колхоз-кIэлъэфри Совет властыр зэрагъэуврэ илъэс щэ ныкъуэ щрикъум тэмэму я щхьэр лъагэу Iэтауэ IущIэнут.
Пэжу, председателым губгъуэр къыщызэхикIухькIэ, щIэпыр зэрыIуахыж комбайным цIыху мыцIыху гуэрхэр бгъэдэту щилъагъу щыIэт, ауэ зэран яIэ хуэдэтэкъыми, зыри жимыIэу блэкIырт. Илъэс етIуанэр екIуэкIыу арат къуажэм щIэпым зэрызратрэ.
Хьэсэпэхъумэми зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым, комбайным зыри я зэран ирамыгъэкIыу сабэу телъыр къызэрытрахым, мэтэцык зэгуэт тесу, дыгъэ къухьэгъуэм хуэзэу, зы бжьи къыхуахьыу къэкIуа щIалэ мыцIыхухэм. Нэхъыщхьэрати, фызыжьым пщэдджыжьым щыдэкIым хузэкIуэцIилъхьа чыржынымрэ кхъуеймрэ и тэмакъым темынэу фIэзыгъэкIын иIэт.
Универститетым щIэтIысхьа къудейуэ студентхэр колхозым яшэу ягъэлажьэу къыщекIуэлIэжахэм псори нэIуасэ зэхуэхъуат, сыти зэжраIэу.
Жунидрэ Жантемыррэ а зэманым шахмат, шашкэ е куэзыр зэдэджэгун хъуауэ Жунид зэкIэлъхьэужэьу тIэу хэнамэ, арат зэрыхъур. «БжьакъуитIщ уэ къыпхуэтыр», –  жиIэурэ Жантемыр и курсэгъур зэгуигъэпырт. Я гъащIэ еплъыкIи, я дуней тетыкIи зыкIи зэщхьтэкъым а тIур. Жунид фIы дыдэу еджэрт, я гупым и старостэт, и адэр заводышхуэ гуэрым и директорт, и анэр урысыбзэмкIэ егъэджакIуэу школым щыIэт. Жунид езым нэхъэр нэхъыжьу зы шыпхъу закъуэ иIэт. Жантемыр еджэным щIагъуэу хигъэхьэртэкъым, сытми зэманыр къэсрэ экзаменхэр зыгуэрурэ итмэ арат. ПщэдджыжькIэ къэтэджыгъуейт. Лекцэхэм куэдрэ щыщIэмыхьэ къэхъурт, и адэри къулыкъущIэшхуэтэкъым, колхоз хьэсэпэхъумэ къудейуэ арат. И анэрати, къиджаи щыIэтэкъым, цIыху сабырт, и щхьэгъусэм къихь улахуэ мащIэ тIэкIум унагъуэр зыгуэрурэ ирыригъэкъурт. Жантемырхэ я унагъуэм я адэ-анэм нэмыщIа щIалиплIрэ хъыджэбзитIрэ ист. Абы куэдрэ илъагъурт Жунид и адэм и машинэ псынщIэр къызэрыхуэсэбэпыр. Республикэм къыщыдэкI газетхэм куэдрэ къытехуэрт абы и сурэт. Къытехуэрт зэм езым и закъуэу, зэми республикэ ис къулыкъущIэхэм яхэту, телевизоркиI, радиокIи къыщыпсалъи щыIэт. Жантемыр и адэр абы елъытауэ къызэрыгуэкI лэжьакIуэжьт. Зэзакъуэ колхозыщIым и дыгъафIэмкIэ я къуажэ председателым удз цIынэ къашэу илъагъумэ, арат зэрыхъур абы и адэм и Iуэхур.  КъекIуэкIыу къуажэщIыр председателым кърыригъэвэкIырти шыгуи шыдыгуи мыкIуэфыну шлагбаум тригъэувэжат. Къуажэм шыгу зэщIэщIа зиIэри хэтыт – закъуэтIакъуэххэт. ЯIэр нэхъыбэм шыдрэ щыдыгурэт. АбыкIэ дапхуэдизт удз цIынэу къишэфынури? Жантемыр автобус бэнзэвым ису къуажэм кIуэжа нэужь, нэхъыбэуи абыхэм ятеухуа псалъэмакът зэхихыр. Я насыпу гъэш куэд яIэт. кхъуей, шатэ, зэзэмызэххэ лы гъур тIэкIу и анэм хузэригъэпэщти, зы тумэн ахъшэ къабзэу къритыфамэ езыри   и къуэри гуфIэу автобус къэувыIэпIэм нэс къакIуэхэрти, а щыкIуэжым цIыху куэд зэрисам хуэдэу къалэм къэсыжти, автобусым къикIыжт. Жунид апхуэдэхэм хэттэкъым. Абы и адэр жьауэ ину къыщхьэщытт. Япэ курсым щIэтIысхьахэу Жунидрэ Жантемыррэ я гупым старостэ щыхахым, щIэупщIи нэгъуэщIи щыIакъым. Пщэдджыжьым еджэным щIадзэну инженер факультетым и деканым и къуэдзэм   журналыр иIыгъыу аудиторием къыщIыхьэри къажриIащ: «Гупым фи старостэр нобэ щыщIэдзауэ Жунидщ», – жери. А махуэр псом я дежкIи гуфIэгъуэт, студент хъуахэти, псори абыкIэ арэзыт. Жунид старостэм – старостэщ – жари еджэным еджэным щIадзащ. Мазэ дэкIатэкъым Жантемыр гу щылъитам гупым уристаростэну зэрыIуэху щхьэпэм.  ЕгъджакIуэ къыщIыхьэхэм урокыр ирагъэкIуэкIыун зыщIэупщIэр зыт:  «Кто сатроста?» Арати Бгыгъауэ Жунид есэжауэ «я» жиIэрти къыщылъэтт. Апхуэдэххэурэ Жунидыр нэIуасэ яхуэхъуащ сессиер къэсым экзаменхэр Iызыхыну егъэджакIуэхэм. Жантемыр школым хуэмыхуу еджатэкъым, математикэр фIыуэ илъагъуу щытащ, урысыбзэмкэ апхуэдэу Iэзэтэкъым, ауэ къуажэм къикIахэм диктант ятхми хъунущ жари ***т ящIати, а гупым захигъахуэри, зыгуэрурэ а «щы» цIыкIур къихьыфащ. Адрей экзаменищ итахэмкIэ «4» зырыз къихьати, конкурсым пхымыкIыну Iэмал иIэтэкъым. ЩIэтIысхьахэм я спискэр къыщыкIэралъхьам Мыгъазэ Жантемыр икухэм деж хэтащ. Диктантыр щитхым къыбгъэдэса Абдулчэрим Жунидрэ Жантемыррэ я ещанэу общежит пэшым щIагъэтIысхьат.
Абдулчэрим игъэщIагъуэрт Жунид и тэмакъкIыхьагъыр. Ауэ ар нэгъуэщIу щыт хъунутэкъым. Абы Жантемыр гъуэгу захуэ тришэн , иущиин ***йуэ   къалэн зыщищIыжауэ гугъу зригъэхьырт.
Универститетым я партокым и адэр къепсэлъати, партым зэрыхыхьэн Iуэху иужь итт. Гупым экзаменхэр фIыуэ зэратар зи фIыщIэр сатростэращ жаIэу, сессиер тэмэму зэфIэкIым, ар партым хагъэхьэ хъунут. Апхуэдэ гъащIэм и хуэмэбжьымэ къекIуэкIыкIэхэм Абдулчэрими Жантемыри щыгъуазэтэкъым. Абдулчэрим и адэр уIэгъэу зауэм къикIыжри езыр иджыри цIыкIуу дунейм ехыжауэ щытащ. Насып иIэти адэ къуэшыфI иIэт. Ар токым пыщIауэ куэдрэ монтеру лэжьати телевизор, радио жыпIэми зыхимыщIыкI щыIэтэкъым.  Къуажэм ар зыхэмыта хьэгъуэлIыгъуэрэ гуфIэгъуэрэ мытэмэму къабжырт.  Хьэбыж куд къимыджами зауэшхуэ екIуэкIам и зэранкIэ куэд илъэгъуат, игъэват. Къущхьэхъу иджыри сабийуэ Iэщыхъуэхэм  я гъусэу шкIахъуэу щытесар,  псом нэхърэ нэхъ къыщхьэпауэ куэдрэ  жиIэрейт.  Пэжуи къыщIэкIынут. Абы щыгъуэщ ар адыгэ хабзэмрэ адыгэ нэмысымрэ щыхэгъуэзар, адыгэ псалъэжь куэд, адыгэ уэрэдыжь куэд и тхьэкIумэм къыщиIуар. Зыри пщIэншэу кIуэдатэкъым Тэныкъуэ Хьэбыж адыгэ хабзэмрэ адыгэ нэмысымкIэ зэщIэIулIауэ, сыт хуэдэ гуп хэмыхуами дахэу ядекIуэкIыфыну, псалъэ Iущ куэд захригъэхыфыну балигъыпIэ иувауэ щытащ. Абдулчэрим и адэ къуэшыр сытым дежи гъуэгугъэлъагъуэу иIэт. Абы щапхъэ трих зэпытурэ куэдкIи ещхь хъужат. Университетым щIэтIысхьауэ инженер IэщIагъэр зэрагъэгъуэтыну Тэныкъуэ Абдулчэрим къыдеджэхэм абы псынщIэу гу лъатауэ щытащ. ЩIалэхэр илъэс бжыгъэкIэ щызэдеджэкIэ, я гъурри я цIынэри  зэрыжаIэу зэрыщIэнтэкъэ, Iуэху гуэрхэри къыдахынтэкъэ студентхэм, Iэнэ ягъэувын ***йуэ. Псоми Абдулчэримт тхьэмадэу гупым щысыну нэхъ къащтэр. ЖьантIакIуэ къысфIащым, жиIэурэ Тэныкъуэ Абдулчэрим абы Iэджэр щригузэва къэхъуащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы я курсым щIэсхэт армэр зыщIэкIыу еджапIэм къыщIэтIысхьаи. ЗагъэIэдэб щхьэкIэ абыхэми лIыгъэ гуэр яIэу къыщIэкIынут, Iэнэр егъэкIуэкIыным, зыхуей хуэгъэзэным теухуауэ. Абы зыщIыпIи щыхурагъэджатэкъым, ар лъэпкъым и лъым хэту арат. «Нэхъыжьыр» тэмэм хуэмызэм адыгэ Iэнэм сэ къихакIэ псори зэбгъэзэуэжыфынущ зы псалъэ жумыIэу. Зыри ухуейкъым хъуэхъу жиIэну къызытехуэ гуэрым псалъэ йомыту зэрэ-тIэурэ фIэгъэцIэфти аращ зэрыхъур. ЦIыхухэр псори хьэлкIэ зэщхькъым, афIэкIа щхьэусыгъуэ имыIэу къытричыни щыIэщ. Тхьэмадэу ягъэтIысар тэмэму хуэзэм,гупым и кIэныр къикIауэ аращ, зыхуейхэри жаIауэ, жаIахэми едэIуауэ, псори зыхуэарэзыжу зэбгрыкIыжыфынущ. Абы нэхъыфI сыт щыIэ?

Жантемыр щеджэм зыри жиыIэ щхьэкIэ и Iуэхур Iейм и Iеижт. Ар фIырыфIкIэ партым хыхьэфынутэкъым. А зэманым партым ухыхьэным мыхьэнэшхуэ иIэт. Жунид хуэдэ дэIэпыкъуэгъу зиIэхэр тепщэ хъунути арат абы и Iуэхур гугъу щIэхъунур. Жантемыр партым хыхьэну лъэIу тхылъ зэритхыу, анкетэ къратынущ. Абы и адэр нэмыцэм я деж  гъэру зэрыщытар иритхэн ***йщ, и анэм и адэр кадету зэрыщытари гува-щIэхами сэтей къэхъунущ. Мыгъазэ Жантемыр а Iуэхум апхуэдэу иримыгузэвэнри хэлът и къуэш нэхъыжь Амир Мэзкуу еджэныр къиухыу кърагъэшэн мурад яIэу я къуажэ председателым и пхъум щыщIэупщIахэм ахэм абы къарипэса псалъэ гуауэхэр мыхъуатэм. Зэрыунагъуэу я щхьэр къыфIигъэхуат абы щыгъуэ щIэупщIакIуэ ягъэкIуам  къахьыжа хъыбарым. Я къуажэ председателыр  сыт худизу мызалымми, мыгурбиянми Мыгъазэхэ я лIыкIуэхэр «фашистым и къуэм си пхъур естынукъым» – жиIэу къажьэхэлъэу къыдихужын хуеякъым. Жантемыр и къуэш нэхъыжь Амир къишэн къимыгъуэтыну аратэкъым. Мыгъазэхэ фочышхуэу къатехуар хъуэн кърадзарат. Зауэ зэманым Сталиным жиIауэ щытами елIэлIакъым къуажэ унафэщIыр. Iуэхум тэмэму ириплъэным и пIэкIэ, къуажэ псом зэхахыжын хуэдэу председатель зэманым игъэсэхъуам Мыгъазэхэ я гукъеуэр тIуащIэ яхуищIауэ щытащ. ИлъэсипщIкIэ Сыбыр ягъакIуэу щхьэхуимыту яIыгъа Жантемыр и адэ Асчэр дежкIэ хьэлъэт а къэхъуар, ауэ гуауэр егъэхын хуейти сыт ищIэнт, сабырыжхэри Амир нэгъуэщI хъыджэбз кърагъэшащ…
Зэманыр зэрыбгъакIуэщ жыхуаIэрати, Жантемыр зэи еджэхункIэ зыкъыдигъахуэурэ хущIыхьэгъуэ зримыгъэгъуэту къэнакъым. Инженер- ухуакIуэ  IэщIагъэр щыуауэ къыхэзыхауи къахэкIащ я курсым, илъэс зы-тIу нэхъ дэмыкIыуи ахэр еджэным къыпыхуащ. Жантемыр абыхэм ящыщтэкъым. Абы хъуабжьу къыщхьэпэжащ школым щеджам лъабжьэфI зэригъуэтар. Псом хукэмыдэу ар хуэарэзыт черчениемкIэ я егъэджакIуэу щыта Мусэбий. Абы и фIыщIэу ибжт Жантемыр ищI чертежхэр къэгъазэ ямыIэу  зэрыпхыкIыр. Иужь курсхэм Жантемыр и нэхэр апхуэдизкIэ фIыуэ  теухуа хъуати, джынасу хэмыту блын дращIейхэр е панель ягъэтIылъар захуэрэ къуаншэрэ къыбжиIэфынут. Жантемыр аркъудейтэкъым и нэхэр зыхуэфIыр. А и нэ нащхъуитIым плъэуэ игу ирихьын цIыхубз къилъэгъуамэ, ар къыдимыхьэхыу къызэригъэнэн щыIэтэкъым.
ЩIалэхэм еджэныр нагъэсащ. Дипломым елэжьыну илъэс ныкъуэ зэману къыщратам Жантемыр Долинск зыгъэпсэхупIэ санаторэхэм нэхъыбэрэ щалъэгъуащ. Абы щхьэкIэ зыри зэпыуакъым. И чэзум дипломыр къыIэрыхьащ, Жунид фIыуэ еджати диплом плъыжь къратащ. НэгъуэщI щIыпIэ ямыгъакIуэу республикэм къранэжащ. Жантемыр Брянск, Абдулчэрим Орел областым щылэжьэну ягъэкIуащ.
Илъэс бжыгъэ дэкIауэщ зэдеджа щIалищыр щызэхуэзэжар. ЗэгурыIуам хуэдэу щызэрихьэлIари дэнэ? Анапэ къалэм пэмыжыжьэу тенджыз ФIыцIэм и Iуфэрщ. Гъэмахуэ хуабэм хуэзати, цIыхур хьэпIацIэм хуэдэт. Ауэ мо щIалищым я унагъуэхэм лейуэ зыри къажьэхэуэртэкъым, зэрызагъэпсэху тхылъ яIыгъыу къэкIуати.
«ИлъэсипщIым щIигъу дэкIауэ пщIэнкъым университетыр къызэрыдухрэ. Зэманыр псынщIэу зэрыкIуэр гъэщIэгъуэнщ», – жаIэрт абыхэм. Жунид инструктору райкомым щыIэт, унагъуэт, зы хъыджэбз цIыкIу иIэт. Жантемыр инженер IэщIагъэм ирилажьэурэ заочнэу щIэтIысхьэри экономикэм ***джауэ ревизору КРУ-м щылажьэрт, зы щIалэрэ зы хъыджэбз цIыкIурэ иIэт. Брянск лэжьакIуэ щагъэкIуам къыздриша и щхьэгъусэ Наташэ бгъэдэст.  Абдулчэрим нобэми-ныжэбэми ирилажьэрт зыхуеджа IэщIагъэм, ухуэныгъэм къыхэкIмэ, дунейр къэувыIэну къыщыхъуу. И щхьэгъусэ Маржанрэ абырэ щIалитI яIэти, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу зэгурыIуэу зэдэпсэурт. Жуниди, Жантемыри, Абдулчэрими зэгъусэу загъэпсэхуну я унагъуэхэр я гъусэу тхылъ къалъымысынри хэлът зы лэжьыгъэ IэнатIэ Iутатэм. Абы нэхъейуи бадзэуэгъуэ мазэм а Iуэхур тIуащIэу нэхъ гугъут. Илъэс дапщэ хъуауэ Абдулчэрим ухуакIуэ управленэм щылажьэрэт, итIани иджы япэу къэкIуауэ арат ар Анапэ и гъунэгъуу щыIэ я зыгъэпсэхупIэм. Мы щIыпIэм лъэпкъыу щымыпсэу щыIэтэкъым Абдулчэрим гу зэрылъитамкIэ, ермэлы жыпIэн, сонэ жыпIэн, алыдж жыпIэн, нэгъуэщI Iэджэхэри. УзримыхьэлIэр мы щIыпIэ дахэм унагъуэу щыпсэу адыгэт. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ ахэр зэгуэр мы щIыпIэм щыпсэуахэт. Илъэсищэм щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ  адыгэхэр куэду Iусащ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм. Урыс-Кавказ зауэм  и зэранкIэ дуней псом текъухьа хъуащ иджыпсту адыгэ лъэпкъ уардэр. Ахэр здэщымыIэр укIуэдыж. Абдулчэрим сымэ университетым щыщIэса зэманым Иорданием къикIауэ адыгэ щIалэ бэлыхьхэр къадеджауэ щытащ. ГъэщIэгъуэныратэкъэ, абыхэм бзэр ягъэкIуэдатэкъым, хабзэри нэмысри тэрэзу зэрахьэрт. И псом и щIыIужкIэ я ныбжьым, я щхьэм хуумыгъэфэщэну щIалагъэ-делагъэ   ядэплъагъунутэкъым. Тхьэм ещIэ иджыпсту ахэр щыхэтыр?
ТхьэмахуэкIэ  щыIауэ, унагъуэхэри нэхъ нэсэIуасэ зэхуэхъуауэ, Абдулчэрим и лэжьапIэм иращIыкIри хъыбар ирагъэщIащ псынщIэу укъызэрысыжын, жаIэри. Бахъсэн школыщIэ щаухуэри, зи яхуэухыркъым. Цементыр зэпэубыдат. Новоросийски Чесркесски дэт заводитIыр Чернобыль къыщыхъуа лъэпощхьэпом хуэлажьэрт. ФокIадэм и зым ирихьэлIуэ школыр хьэзыр хъун ***йт. Иджыри зэфIэмыкIауэ лэжьгъэ куэд щыIэт, цементыр зэрахуримыкъум къыхэкIыу. Адрей ухуэныгъэ ирагъэкIуэкIхэри  трестым, нэхъыбэу зэтезыIыгъэр а щхьэусыгъуэрат. Абдулчэрим и пхъэр къикIат къэкIуэжыгъуэм. цIыхухэр базэм зыша автобусым щыкIуэм псыр къэплъурэ гугъу иригъэхьати тIэкIу кIэлъыплъын хуейт. Машинэр зэ жьы хъуамэ аращ, зэкIэлъымыкIуэ хъуа пкъыгъуэ цIыкIум уелэжьын  уи гугъэу щIыбодзэри, уимыгугъэххауэ нэгъуэщI лэжьыгъэ гуэрхэр къыкъуокI. Абдулчэрим ар фIыуэ игъэунэхуауэ ищIэрт. Абы тIорысэу къыIэрыхьауэ щытащ  жигули машинэ.
Жантемыр ауэ сытми КРУ-м щылажьэртэкъым.
Налшык къызэрысыжу, Абдулчэрим занщIэу кIуэри Мэзкуу зэрылъэтэну билетыр зыIэригъэхьащ. ЗгъэлъэIуар емыкIущ жери Абдулчэрим зы кIэнфет коробкэфI а Iуэхум папщIэ къыздищтати, абы ухэтын ***якъым, жиIа щхьэкIэ къимыгъанэу цIыху щытхэм тIэкIу ящигъэпщкIу ищIри газетым кIуэцышыхьауэ билетыр къезыта Iыхубз сырыхум иритащ. Къэнэжар Уралов Геннадий епсэлъэн хуейуэ арат.Ар КГБ-м щылажьэрт, зэрэ-тIэурэ нэхъапэм къыдэIэпыкъуат. Абы бронь къритти Абдулчэрим тыншу дунейр зи инагъ «Россия» хьэщIэщым щIэтIысхьэрт. Ураловыр Iуащхьэмахуэ лъапэ зигъэпсэхуну къэкIуауэ, Тэныкъуэр управленэм ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр абы щрагъэкIуэкIти жэщкIэ къэмыкIуэжу щыIэн хуей хъуауэ, ефэ-ешхэ Iэнэ гуэрым щызэрыцIыхуат.
Псоми мардэ яIэщ. Япэ махуэ зытIум дыгъэр зумыгъапхъуэм, адэкIэ нэхъ укъызэтенэнущ. Шэджагъуэ дыгъэ цIывыгъуэм деж укIуэжу уи «унэ» цIыкIур жьы зэпихуу шэджагъуэ жей пщIыну сыт хуэдэ. Жантемыр ар зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Лэжьыгъэр лэжьыгъэщ, къалэн гъэзэщIэн ***йуэ уи пщэ дэлъу зыщIебгъэх хъунукъым. Ар хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ. Ауэ зыгъэпсэхугъуэм дежи зыгъэпсэхукIэ пщIэныр куэд и уасэщ. Абы папщIэ псом нэхърэ нэхъыфIыр гукъеуэ зыри зомыгъэIынырщ. Iуэху мышу узыхуэмейхэм уемыгупсысынырщ. Жантемыр ар езы дыдэм игъэщIэгъуэжу япэ махуэхэм къехъулIащ. ЛэжьапIэм къаIуэхуу Абдулчэрим зэрыкIуэжрэ зыгуэрхэм зихъуэжат.
ГъащIэм къыщымыхъур укIуэдыж. Жантемыррэ Жунидрэ махуэр зи кIыхьагъым зэмыгъусэуи хъуркъым. Мис иджпстуи аращ. Жунид къызэфIэтIысхьауэ адэ жыжьэу къилъэгъуа кхъухь иным зыгуэрхэр жиIэурэ тепсэлъыхьырт. Жантемыр абы жиIэхэм фIы дыдэу едаIуэртэкъым. И гущIыIур дэгъэзеяуэ пшахъуэ хуабэм хэлът. И чэтэн пыIэ цIыкIур и нэгум ириубгъуати, и ныбжьэгъур къедаIуэрэ, Iуриха е жейрэ, Жунидым къыхуэщIэртэкъым. Пщэдджыжьым фIыуэ ушхамэ, псым зэ зыхэбдзэрэ пшахъуэ хуабэм ухэгъуэлъхьэжамэ, сыт щхьэи умыжеинрэт. Ауэ Тэнокъуэ Жантемыр жейртэкъым. Абы и щхьэм жьэкIэ жиIэ мыхъуну, зыхуэмей гуэрхэр къищхьэрыуэрт, уишрэ уи фызрэ уи дзыхь йомыгъэз жаIэу адыгэм ауэ жиIакъым. Нэхъапэхэм Жантемыр а псалъэжьым мыхьэнэшхуэ ириту щытакъым. Жантемыррэ Розелярэ япэ махуэ щызэхуэзахэми зэрыцIыхужат. Ар тIуми ябзыщIащ жамыIэу. ЖаIэну-жамыIэнуми а тIур зыми хуэгъэкъуэншэнутэкъым. ТIуми жаIэфынут дэ хьэгъуэлIыгъуэм зы Iэнэ дызэрыхэсрэ, зэман мащIэ дэкIакъым. Абы иужькIи зэи дызэрылъэгъуакъым жаIэу. АбыкIэ ахэр зыгуэрым хигъэзыхьыну аратэкъым. Ауэ Iуэхур пэж дыдэу арат зэрыщытыр. Жантемыр сэ Розеля соцIыху жиIамэ, ар Жунид къызэрыщыхъунур ищIэртэкъым. Жунид Жантемыр цIыхубзхэм зэрахуэлъэр имыщIэу щытткъым.  Жунид нэхъ бегъымбар щымыIэми гузэрыдзэ ищIынут. «Сэ уи щхьэгъусэ Розеля куэд щIауэ соцIыху», – жиIэу Абдулчэрим жиIэ хъунут. Жантемыр апхуэдэу жиIатэм, вы лIам сэ хиIуауэ арат. Ар езыми фIыуэ ищIэжырти, зэи и ныбжьэгъум зыкъримыгъэщIэну арат. Розеля зыгуэркIэ Мыгъазэ Жантемыр куэд щIауэ соцIыху жиIэрэ къэувамэ – фIэкI хэмылъу щхьэпылъэ зищIыжауэ жыпIэ хъунут.
Жантемырхэ я группэм щыщу  псом япэу унагъуэ хъуар Уанокъуэ БетIалщ. Ар армэр къиухри къэкIуэжауэ къадеджэрт. Быным я нэхъыжьт. Фарузэрэ БетIалрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ зэпсалъэрт. Я хьэл-щэнкIэ фIыуэ зэрыщIахэт, ахэр зэрышауэ я хьэгъуэлIыгъуэращ Розелярэ Жантемыррэ япэу щызэрылъэгъуар. Ауэ дэнэт, Къулъкъужын хъыджэбзхэм ар къыплъагъэсынти. Жантемыр гу лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэт, щхьэпэлъагэт, дахэу къафэрт, адыгэ уэрэдыжь зыбжани фIы дыдэу ищIэрти, абыи къыдихыжырт. Ар щеджэм егугъуу емыджами, дипломыр къыщратыжам нэгъэсауэ гупылI къищIыкIат.
Розеля зэи и гум имыхужу къэнат Жантемыр хьэгъуэлIыгъуэм  дахэу, фэ къытригъауэу зэрыхэтар. Адрей и гъусэхэр зэрыщысам хуэдизкIи щысри , абыхэм ирафам хуэдизи ирифри гупми дахэу къахэкIыжауэ щытащ. Абы теухуауэ Розеля и адэм иригъэщхьыфын Жантемыр фIэкIа ирихьэлIауи илъэгъуауи къыхуэщIэжыртэкъым. Ари хэту къыщIэкIынут Розеля япэу хьэгъуэлIыгъуэм щилъэгъуа щIалэ есым нэ щIытрилъхьам. ИужькIэ сыт къэхъуами тхьэм ещIэ, а тIум я гъуэгу къалэмкIэ щыIэху зэи зэтехуакъым.
Жунид зы мащIэ тIэкIу фIэкIа иримыфми чэф хьэлъэ зэрыхъур Розеля шэуэ къытехуэрт. Жылэ цIыхухъур фадэм лIыхъужь ищIмэ, Розеля и щхьэгъусэр тIэкIу еIубамэ, пырхъыу жеинут. Абы нэхъей и лэжьыгъэ IэнатIэ зэрихьэм теухуауэ гуп куэдрэ хэсын ***й хъурт. Щылажьэм жэщкIэ фымыкIуэжу фыкъани фыщыIэ жаIатэм,  къэнэнурэ щыIэнут, фызи быни хуейтэкъым. Дыщэ зэрлэтэкъэ тIэкIу еIубауэ къэкIуэжрэ къакъэ-пщIыпщIыу  и бынунагъуэм хэсыжыфатэм. Абы нэмыщI нэгъуэщI гукъеуэхэри хуиIэт,  и адэр директорщ, езыхэри фIыуэ мэпсэу жаIэу, япхъуатэу зрата, и щхьэгъусэм. Жунид школым щыщIэсари хэту, зы хъыджэбз цIыкIу письмо хуитхауэ, е езым зы хъыджэбз цIыкIу гуэрым «сэ уэ фIыуэ узолъагъур» жиIэу иту къыхуитхауэ Розеля и фIэщ зыщIын дунейм теттэкъым. Абы еджагъэшхуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр зытетхыхь фIылъагъуныгъэр. фIамыщI дэпу укъэзысыр щыIэуи щымыIэуи хищIыкIтэкъым. Дунейр лъагъуныгъэм зэрызэтриIыгъэм Розеля зэи шэч къытрихьэртэкъым. ЦIыху Iущхэм  ятхауэ тхылъ куэд щIиджыкIат абы теухуауэ. Партыр тепщэу щыщыта зэманым Жунид хэхъуэфI иIэу щытащ, дапхуэдиз ахъшэ мыр нобэ къысхэхъуащ улахуэм щымыщу жиIэу къримытами, езым игу къэкIыу зэ жиIэфакъым халат дахэ къэщэхуи щытIагъэ е дыху лъапIэхэм хуэдэ кърищэху, жиIэу. Розеля абы щхьэкIэ зыри къигъэнакъым. Ауэ дапхуэдзу лIым и къыщIыхьэжыгъуэм дахэу зызэщимыхуэпыкIами зэи нэхъ лейуэ къеплъакъым. Ар гъащIэ сытми? Розеля и дэлъху нэхъыщIэ дыдэм унэщIэхъуэхъу щищIам щыгъуи Жунид сытым хуэдэу чэф хъуат. Нэхъыжьхэм деж щхьэр яхьыну иджыри я пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым. Схуэхькъым фадэ, жиIэу тIэкIу къринэурэ мащIэу ефэу щысауэ къыхуэщIэжыртэкъым Жунид и щхьэгъусэм. Абы теухуауэ сыту жыжьэ плъауэ къыщIэкIат Розеля и классэгъуу щыта Зоя. Ей, губзыгъэр губзыгъэщ сытым дежи. А хъыбарыр зэхэзыхыжахэм ар зымыгъэщIэгъуа зыри къахэкIакъым. Зоя и щхьэ Iуэхум дэлэл зыри хигъэхьакъым. Пэжуи ищIащ. А джыдэ мыгъуэ, зэманым къебгъэгъэхэж хъуну щытатэми… Розедля ищIэнт хэт псэуэгъу ищIынуми. Адэ-анэм жаIэми едэIуэн хуейщ, ауэ …
Зоя зыбгъэдэс и щхьэгъусэр фадафэрэ зы ткIуэпс зыIуимылъхьэрэ ищIэну ***йт Розеля. куэдым яхуэщIэнукъым абы ищIауэ жиIэжар. Зоя ищIар пщIэфын щхьэ уи щхьэм икъусыкъужкIэ дзыхь ебгъэзыжу ущытын хуейт. ЦIыхум псэуэгъу къыщыхихым и деж уи адэ-анэ е  нэгъуэщI Iыхьлы къыппэрыуэн жыхуэпIэр сыт и уасэ. ЦIыхум Алыхьым кърита гъащIэр ар езым ейуэ аращ. Абы нэгъуэщI къыщIыхэIэбэн щIыIэкъым. ЗыгуэркIэ щыуэу щытми, и щхьэр езым фIиудыжым нэхъыфIщ, нэгъуэщI игъэкъуаншэ нэхърэ. Зоя езым нэхърэ нэхъыщIэу зыралъхуауэ шыпхъуитI иIэти, куэдрэ щIалэ хэдэ ищIу дэс хъунутэкъым . Уи ныбжь нэсащ, тIасэ,  уеджам уэ узыхуейм хуэдэ къэгъуэтыжи дэкIуэ жаIэурэ я дежхэм зэрэ-тIэурэ къыщызыпхагъэIукIым, езыри арат зыхуехэр. Къебгъажьэр хабзэщ щIыжаIэр Зоями ялейт. и адэр ГАИ-м щылажьэу абы лъыхъу имыIэуи дэнэ къыщынэнт. Хэт инженеру, хэти Iэщ дохутыру, хэти Мэзкуу юристу щылажьэу фыз къаргъашэу яутIыпщыжыну къэкIуэжауэ щыIэу… куэд хъурт Зоя и гум дыхьэу ар мылу щытми лъагъуныгъэ мафIэкIэ къэзыгъэвыну хуейхэр. Зоя и анэшхуэм  шыплIэм дэсу Джылахъстэнейм Тэрч адрыщIкIэ кърахауэ жиIэжу щытащ. А нанэм къилъхуам къилъхужа Зоя шыплIэкIэ яхьми, выгукIэ къакIуэрэ щауэр езым къыбгъэдэсу, щауэкъуэтыр гублащхьэм дэсу дзапэ уэрэд жаIэурэ яшэми идэнут, насыпыфIэ хъу закъуэмэ. И анэшхуэм ещхьу къуэбын-щэбын хъуну ищIэм. Ар псори Зоя жиIэжу уедэIуэну гъэщIэгъуэнт. Абыи зэман дэкIауэ тхьэлъанэ щиIуэжырт сыкъыщалъхуа махуэщи фыкъакIуи тIэкIу фыкъызбгъэдэс жиIэу зэрымыщIэу я деж иригъэблэгъа щIалэхэм ящыщ зыр гурыхь къызэрыщымыхъуар. Сыт ищIэнт щхьэж и унэ бжэнлъакъуэ жери и хьэщIэхэр хьэдэу чэф хъуахэу иутIыпщыжауэ щытащ. Зоя абы щыгъуэ къыхуэмыщIэр и лъыхъухэр езым къыхуейрэ и адэм и къулыкъум и хьэтыркIэ Iэжьэкъур ирачрэ, арат. Апхуэдэм, Зоя, сыт и Iэмалт. Зы Iщалэ гу къабзэ псэуэгъу пщIы хъуну къыщIиуIукIыну лъыхъуэрти езыр зыхуейм хуэдэ къыхущIэкIтэкъым. Мыаркъафэрэ мытутынафэу зи къэшэгъу щIалэхэм яхигъуатэтэкъым. Нэхъ иужькIэ хъыбар гуэр къэIуауэ щзытащ Зоя фадэ ткIуэпс емыфэу топ джэгу щIалэ бэлыхь къигъуэтри фызышэу ишащ жари.
Розеля тенджыз Iуфэм здэщыIэм ***й-хуэмейми ахэр и гум къэкIыжырт. Маржанрэ Наташэрэ а псомкIэ ядэгуашэртэкъым. Хэтыт зыфIэфI хъунур и лIым фадэ теухуауэ гукъеуэ иIэу цIыху хамэхэм закъригъэщIэну. Розеля зэрыхъукIэ зишыIэт, здынихьэсынур зыщIэр Алыхь лъапIэрат. Сабийм и хьэтыркIэ Розеля зы тхьэмахуэ иджыри нэхъ къищтэрт, ауэ Жунид нэху къызэрекIыу мыкIуэжынкIэ Iэмали Iэзэгъуи иIэтэкъым. Къущхьэхъу алэрыбгъуфIхэр дашат Iэщыхъуэхэмрэ жэмышхэмрэ разнарядкэкIэ иращэну. Парт лэжьакIуэхэм унэ щратым Жунид и анэри езым и деж щыпсэууэ, игъащIэм егъэджакIуэу лэжьа тхьэмыщкIэм и нитIёым фIыуэ имылъагъужу, тхьэкIумэхэмкIи хуэжьажьэ  хъуауэ иригъэтхри къратын хуея пэшитIым и пIэкIэ пэшищ къыдихат.И насыпу и къум кърипэса узхэм хуэдэ Жунид и адэм и лажьэтэкъым. Ар и пхъум деж нэхъыбэрэ щыIэт, и нитIми мыIейуэ илъагъурт, и ныбжьым хуумыгъэфэщэну фIыуэ узэхихт, удзым къыхэлъэтыкIа бзум бжьор  къызэригъащтэм ещхьу, зыщIыпIэкIэ ауэ зы хъырц жиIэу Iэуэлъауэ гуэр къэIуамэ сархъ жиIэрти плъэрт. Сабийхэр щригъаджэми езым и бынитIыр цIыкIухэу щигъасэми ар а Iуэхухэм ткIийуэ бгъэдэта цIыхут, ордензехьэт, илъэс куэдкIэ егъэджакIуэу зэрылэжьам и щыхьэту щIыхь тхылъ къратат, цIэ лъапIи къыфIащат. И жьыщхьэ псори тэмэмт. И къуэ закъуэм къыпэщIэхуа и нысэр бжэгъуу и нэм къыщIэмыуатэм. Дауэрэ мыхъуми гуащэри нысэри  а Iуэхум къелырт. А тIур хьэмрэ джэдумрэ хуэдэу зэрызэхущытыр зи гум абрэмывэу тегъуалъхьэр Жунидт. А хъарыпыр зыIут IэнатIэм хуэдэ Iуту сыту цIыхухъу куэд къэралым ист. ЦIыхухэм зыкърамыгъэщIэн папщIэ я гукъеуэр жьэкIэ жамыIэу, хэт наIуэу, хэти щэхуу фадэми джабэр хущIихурт. Розеля и гуащэм икIи хуэтхьэщIэрт, икIи хуижьыщIэрт, зыщигъэпскIынум дежи ваннэм иригъэтIысхьэрти къабзэгъурыджэу игъэпскIти напэIэлъэщIышхуэмкIэ зэпилъэщIыхьыжт. Ауэ псори псыхэкIуадэт. Розеля и цIыху жумартт, щыпщафIэкIэ берычэту пщафIэт, цIыху къакIэлъыкIуэу, езыхэри якIэлъыкIуэу фIэфIт. Ауэ неIэмал. Гуащэ бзаджэм ахэр и жагъуэти Розеля и анэкъилъхухэм гу лъатауэ Бгыгъауэхэ къахуэкIуэрейхэтэкъым. Унагъуэр сытым деж зэгъэжынуми, псыуэ сыт хуэдиз кърагъэжынуми, уэздыгъэр сыт хъуху ягъаблэ хъунуми псоми и унафэр зыщIыр гуащэрат. Абы щыгъуэми Розеля зы пщыпхъу иIэти, цIыху тIысу нэхъ зэгуэудыгъуэ къилъхунтэкъым. «Ди псыр ягъэувыIащи фи деж псы тIэкIу зыдэзгъэжэхыну сыкъэкIуауэ арат», – жиIэнт ваннэм щIыхьэнти ену зы сыхьэткIэ къыщIэмыкIыу икIи къыщIэмыплъу щIэсыфынут. Абы ваннэр иубыдын ипэ гелыр схукIэрыгъэкIыжкъым си напэм жиIэрти, бжьэмийр лъэныкъуэкIэ иришэкIынтисыхьэт ныкъуэкIэ уэхб-уэху жиIэу псыр блынхэм кIэриутхэу зитхьэщIынт. Ар Розеля хуэдэу щысабийм пхъэхьыр и дамэм телъу щIымахуэу псыхьэ кIуауэ щытатэм а Iуэхум теухуауэ нэхъ Iущ хъуну къыщIэкIынт. Е апхуэдизу псори зылъагъу и гуащэм зэ «ЕмыкIущ апхуэдизу псыр зомыгъэзахуэу бгъэкIуэдыну» жиIэрэ и чэзум и пхъум жриIатэм, акъыл гуэр къыхихынт икIи къыщхьэпэнт. ЦIыхум уегиин ипэ тIэкIу зыпщIэжу ущытын хуейщ. Дунейр нэхъ хуит зэрыхъурэ щыхьэрым щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ жармыкIэ щрагъэкIуэкI утым деж гуащэмрэ нысэмрэ я зэхущытыкIэм теухуауэ зэхыхьэ ирагъэкIуэкIатэм Розеля тIэу емыплъу кIуэнурэ къыщыпсэлъэнут. Ей-й къэрал, гуащэхэм я жьэр IэкIэ пхущIэмыпхэнуми тIэкIу зызэрашыIэн Iэмал къахуэгъуэт жиIэу. Розеля езым зы хъыджэбз цIыкIу иIэу  арати игъащIэкIэ  гуащэ зэрымыхъунур хьэкът. Ауэ щыкъу анэ хъуну и боршти зэманым къигъэлъэгъуэнт и къэухьыр зыхуэдизыр. Жунид щыкъу адэ хъуфарэт езым зыгуэр ищIэнт. И анэм жиIэр псалъитI имыщIэу игъащIэм къэгъуэгурыкIуам а Iуэхур къызэрехъулIэнур Тхьэм ирещIэт. Наташэ сыту и насып абы теухуауэ, занщIэу болъагъур цIыхухъу тэмэм зэрыбгъэдэсыр . Жантемыр лIы зэтету щымытатэм, урыст къишари къыдэзэгъакъым жари я деж теIущIапIэ ящIри ирагъэхужьэжри алъандэрэ ящыгъупщэжакIэт, Жантемыр, Жантемыр…
Жунид къежьэжын ипэ къалэр зэ къызэхикIухьырт. Ар куэдрэ ухуакIуэ IэщIагъэм иримылэжьами а Iуэхум фIыуэ хищIыкIырт. «Гъэмахуэм Iэжьэр гъэхьэзыр, щIымахуэм гур гъэхьэзыр ауэ зэрыжамыIар хьэкът. Анапэ ткIий щымыIэми, ари, дауи, лъэныкъуэкIэ къанэртэкъым щIымахуэ шылэр къихьа нэужь. Езыр псы Iуфэм къежьэн ипэ унафэ къыIэрыхьакIэт райкомым щIэсхэр лэжьапIэ IэнатIэхэм, цIыху псэупIэхэм мыбэлэрыгъыу кIэлъыплъыну, цIыхухэр зэIузэпэщу щIымахуэм IущIэным теухуау. ФIыуэ умыцыху къалэм гугъут горкомыр къыщыбгъуэтыну, ауэ зэрымыщIэкIэ Жунид и пхъэр къызэрикIар къызэрищIар къатищу зэтет унэм дыгъафIэ лъэныкъуэмкIэ фIэлъ транспорантырат. Псоми ящIэн ***йт, зыкIи шэч къытрахьэ хъунутэкъым абы «мы придем к побееде коммунизма» жиIэу ину тетхауэ тетым. Жунид къуажэм щIэпыр Iуахыжу щыщыIам абы теухуауэ Жантемыр дэуэгъуу зэриIар занщIэу и гум къэкIыжащ. Гуауэрати абы лъандэрэ цIыхубэр коммунизм жыхуаIэм нэхъ благъэ хуэхъуауэ жыIэгъуейт. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм и кIэхэм «развитой» социализмэр нэхъыбэрэ жаIэ хъуат коммунизмэм нэхърэ. Зыгуэр тэмэмтэкъым. Горбачев къэрал унафэщI зэрыхъурэ къэралыр хьэмкIэрамкIэ хъуат, зэзэмызэ гаоснорсыт и фIыщIэкIэ я жьэр хуит хъуауэ  зэрыс «кхъухьыр» – къэралыр ирахужьэрти, тхыдэм тIэкIу мыхъуми щыгъуазэхэм я щхьэфэцым зиIэтырт «Титаникым» и махуэр къытхуэкIуэмэ жари. Жуниди абф яхэтт икIи ар зэи ибзыщIтэкъым. ТхьэмахуитI хъуауэ ар телевизор еплъатэкъым. Радио едэIуатэкъым, зы газети зэIуихыу еджатэкъым. Тутынафэм тутын ирифын щимыIэм деж и тхьэкIумэр къэбэгым, Жунид дуней къэхъукъащIэр  зэримыщIэм къыхэкIыу и гур фIамыщIым хуэдэу уфIыцIат, итIани зыхуигъэшэчырт плъэм илъагъуу щыт газет щапIэм Iухзьэу Мэзкуу къыщыдэкI газетхэм щыщ зы къищэхуртэкъым. Нэху къекIрэ унэм зэ нэсыжым и гъунэгъум хузэхуихьэсауэ къритыжыну газетхэмрэ журналхэмрэ зэ гупсэхуу щIэджыкIынурэ, адэкIэ къэралым иIэнкIэ хъуну зэхъуэкIыныгъэхэр къыхуэщIэмэ еплъынут. И адэшхуэми и адэ къэзылъхуами езыри абы хэтыжу зы махуэ  совет властым тэмэму хуэмылажьэу къагъэнакъым. АдэкIэ езы Жунидщ иджы зи лэжьэгъуэри, а гъуэгу зытетым текIынукъым. Къэралым Жунид зыхэт партым хэту цIыху мелуан I8 исщ. Абы уатекIуэн?
Горком пщIантIэм деж жыг жьауэм зыкъомрэ щIэсауэ дыгъэри тIэкIу етIысэхауэ Жунид хуэмурэ зэрыдэкIа гъуэгур мыхъуу тенджыз Iуфэм Iуту базэмкIэ къэкIуэжырт. Жантемыр и мыгъусэу ар зэи зыкъищтэу апхуэдэу и закъуэу дэкIатэкъым, дэкIынуи и гугъатэкъым, ауэ горкомыр здэщытым сеплъыну сфIэгъэщIэгъуэну сокIуэ жиIами Жантемыр ар къыдиIыгъынутэкъым. Жунид а зэрыкIуа гъуэгумкIэ къэкIуэжами нэхъыфIт. мэрем къэсыхуи а щIыпIэм мылицэм и лэжьакIуэхэм рейд ирагъэкIуэкIырт. ЦыхэкI яIыгъыу псы Iуфэм кIуахэр отделенэм яшэрт, къуэды тралъхьэрти къаутIыпщыжырт. Мылицищым къаухъуреихьауэ кIуэцIраш цIыхубзхэр бэяну Жунид и хэкуэгъухэт. Адыгэбзи балъкъэрыбзи зэхихат, ауэ зыри яхуэщIэфынутэкъыминэгъуэщIыпIэкIэ плъэ зищIри и гъуэгу ирикIуащ. Апхуэдэ хуэмэбжьымэхэр дэнэкIи щекIуэкIырт, куэд мыщIэу кIуэдыжыну къэралым и зэманым. Убзыхуауэ зы унафэ щIыэтэкъым цIыхум ищIэну ***тымрэ цIыхур зыхэIэбэ хъунумрэ белджылы къищIу. Мылицэм и лэжьакIуэхэр гугъу езыгъэхьыр а цыхэкIым елэжьхэм тунеядец цIэри сондэджэр цIэри якIэрипхэфтэкъыми арат, армыхъумэ къэтшахэр я унагъуэ япIыжын папщIэ Iэмалыншагъэм кърихужьауэ аращи дегуэуэнкъым, жаIэу загъэщэбэнутэкъым. Загъэщэбэн къагъэнауэ яхуэзэфIэкIамэ «обезьянникым» ираубыдэнут. Яубыду яшахэм мылицэм и лэжьакIуэхэм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу къыжраIэт а Iуэхум теухуауэ унафэ ткIий ищхьэмкIэ къикIыу къаIэрыхьэн хуейуэ зэрежьэр.  Ар зэ къэсу щытым, псоми дуней зэрырагъэлъэгъунур. Розеля сымэ тIэкIу къакIухьыну дэкIауэ, цыхэкI зыщэну псы Iуфэм къэкIуа цIыхубзхэм апхуэдэ  хъыбар кърахьэкIыу Жунид зэхихакIэт. цIыхухэм къамыщIэн щыIэкъым. ахъшэхэр щахъуэжынум  щыгъуи нэхъапэ иту зэ хъыбар гуэр къэIуауэ щытащ. Ауэ ар куэдым, Жуниди яхэту, я фIэщ хъуауэ щытакъым. «Адыгэр иужь акъылщ»  жыхуаIэрати, тумэнитху зэкIэрыту унэм щызыхъумахэм зыри имыIыс тхылъымпIэжьу къахуэнэжауэ щытащ. Жунид зыхуихьынур имыщIэу игъэщIагъуэрт и къежьэжыгъуэм хуэзэу Розеля зэрынэжэгужэр. Щежьэм КъалэкIыхьым щащIауэ коньяк пэлыштофиплI къыздищтар Жуниди, къыщежьэжыну пщыхьэщхьэм зы иIэжу арат. ЦIыхубзхэр къахэмыхьэм зэныбжьэгъуитIыр абы ирикъунут. Ауэ щыми фадэ ефэну гупыж ящIмэ, коньякыфIыр нэ щIэгъаткIуэ яхуэхъуну аркъудейт. Горбачев фадэу ирафыр нэхъ мащIэ ищIын и мураду бэнэныгъэ зэхиублам сэбэпынагъ зыри  имыIэну къибжырт Жунид. Райкомым инструктору щIэсым ар жьэкIэ цIыхум зэхахыу жиIэ хъунутэкъым. Ауэ зыми зэхамыхыу ар хуитт а Iуэхум гупсэхуу пхрыплъыну, езым и еплъыкIи иIэну. Зи щхьэм жьы щызепщэ къэрал унафэщIым зэрыхэтым шэч къытепхьэ хъунутэкъым.
 Махуэр кIуакIэт. Жыжьэу къухьэпIэмкIэ уплъэм, уэрыдхъум мафIэ дэп илъ фIэкIа умыщIэну дыгъэр тенджыз уэмым зигъафIэу тест. Апхуэдэу куэдрэ щытынутэкъым, дакъикъэ бжыгъэ… итIанэ дыгъэр хуэмурэ, хуэмурэ псым хыхьэнущ. Хыхьэнурэ куэд дэмыкIыу нэм къыщIэIэбэр умылъагъу жыхуаIэм хуэдэу кIыфI хъунущ. Дыгъэр мызагъэ щIыкIэ щIымрэ псымрэ щызэлъэIэсым и деж, тенджызым къекIуэкIыу дыщэ Iуданэ къешыхьэкIауэ фIэкIа пщIэркъым. Толъкъунхэр щабэу Iуфэм къоуалIэри щагъэзэжкIэ, «къакIуэ, къыхыхьэ, уэ дыножьэ» къыбжаIэ хуэдэщ. Махуэ псом дыгъэм къигъэхуэба тенджызым и толъкъунхэр чэзууэ къущигъэлъэIукIэ, гукъыдэж къуит зыхэбдзэу уздэкIуэфым нэсыху уесу укIуэну … Ар хъунт къэбгъэзэжу псы Iуфэм укъэзыхьыжын къару къыпхуэнэнутэм. Псым и Iуэхур Iуэхушхуэщ. Зыпомышэм нэхъыфIщ. Жантемыр и гупэр тенджызым ***гъэзауэ здэщытым и сабиигъуэр игу къэкIыжырт. Сыт хуэдизрэ щысабийм и анэм къыжриIэу щыта псыхъуэгуащэ зэрыщыIэр. Абы щIалэ цIыкIухэр псым кIуэмэ ипхъуатэурэ зэрихьыр. Зы тIэкIунитIэкIэ къэрабгъэм зэи псы жимыIэнурат. И насыпти и къуэш нэхъыжь дыдэ Жэмал псыджэдт. Ар мыхъуамэ Жантемыр псы есыкIэимыщIэу къэнэри хэлът. Уадыгэ щIалэу есыкIэ умIыщIэнри, къэфэкIэ умыщIэнри зэхуэдэу узэхуэмей Iуэхут. А тIум язым ухуэхейуэ дунейм утетыну дурыстэкъым. Пшапэ зэхэуэгъуэ хъури псы Iуфэм Iуса цIыхухэр къанэ щIагъуэ щымыIэу дэкIыжахэт. Махуэ псом дыгъэм къигъэхуэба мывэжь гуэрым Жантемыр и бгым нэсыху зиупцIэнауэ и закъуэу тест. Хуей-хуэмейми абы и щхьэм къищхьэрыуэрт блэкIа зэманыр. Зэми тенджыз Iуфэм къызэрыкIуэрэ къэхъукъэщIахэр. Къалэм нэгузыужь щыIауэ, базэмкIэ Жунид зэрыкIуэцIрыкIыжар Жантемыр илъэгъуати хуэмурэ зыкъиIэтри и плIэр зыщидзэри я «пщыIэм» хуиунэтIащ. Жунид нэху щым ежьэжынущи Розеля Жантемыр хъы гуэрхэр хузэIуещэ. Махуищ къудей щыIэжыну аращ загъэпсэхуу псы Iуфэм. Ипэ зэманхэм щыгъуэ къуажэпщыр пхъужь гуэр кIэлъымыкIуэм, езыр зыбгъэдэс гуащэм щIасэлI имыIэм гъащIэм къыкIэрыхуауэ ябжу щытауэ жаIэж. Ауэ ар пэжу къыщIэкIынтэкъым, сытми совет властыр ягъэува нэужь, хуэщIауэ псэуахэм хуэдзэлашхэтиапхуэдэ хъыбар мышу цIыхубэм хаутIыпщхьауэ къыщIэкIынут. УмыщIэм утепсэлъхьыну щIагъуэкъым. Ар нобэр къыздэсым фIэфIу зыгъэтаурыхъыр КРУ-м ревизору къыдэлажьэ Арсенщ. Куэд жеIэр абы. Зы хьэл мыгъуэжьи хэлъщ – ищIауэ хъуар бэзэрым къызэрытекIам хуэдэу жиIэжынущ. ЦIыхухъур абы игъэдахэкъым, узыхуэмейщ…
Махуищ къахуэнэжам Жантемыр тенджыз ФIыцIэм имытхьэлэмэ, и щхьэр псэууэ и унэ екIуэлIэжынущ. Махуищ къэнэжам тенджыз «хужьыр» къэукъубиину фэ тетт. Мыгъазэ Жантемыр къызэмылынур и нитIымкIэ илъагъуу къоблагъэ. ИгъащIэм партым хэмыта Абдулчэрим къэрал Iуэхум иригузавэу къэкIуэж жаIэу къызэраIуэхуу тридзэри кIуэжащ. Парт билетыр зэрыстудентрэ зи гуфIакIэм дэмыкI Бгыгъауэ Жунид къызыдэмыхуэр Розеля къыхуищI и унафэращи пщэдей ежьэжу «жэкIэ»  унэм кIуэжын ***йщ. Сыт ягъэ кIынт  и щхьэгъусэр мыкIуэжу щымыхъунукIэ Розеля «узыншэу фыщыт» жиIэрэ я Iэхэр зэрубыдыжрэ и унэ екIуэлIэжатэм. Мо цIыхубз гъэфIа хужь дахэр и нитIыр къытриубыдэу гупсэхуу къеплъу дапщэрэ гу лъита Жантемыр. КъысфIэщIауэ аращ жиIэурэ хуэфэщэн мыхьэнэ иритакъым. Апхуэдэу цIыхубз хужь дахэ къызэрищIыкIынур Розеля щыщIалэм щыгъуэ илъагъурт. Жантемыр Къулкъужын хьэгъуэлIыгъуэм кIуауэ япэ дыдэ ар щилъэгъуам  нэ ирищат, ауэ и къуэш Iэбузед иджыри кърагъэшатэкъыми зигъэхъей хъунутэкъым. Абы агроному еджауэ дипломыр къратыжа нэужь аспирантурэр къэзмыухауэ къэшэн Iуэху сыхыхьэнукъым жери кIыхьлIыхь зищIауэ щытащ.  Къулъкъужын… БетIал… Розеля… Жантемыр… и щхьэм емыпцIыжыфауэ аращ армыхъумэ, хэубыдыкIауэ хьэгъуэлIыгъуэм хъыджэбзу къекIуэлIам нэхърэ Розеля и дахагъэкIи и теплъэкIи зэрпынэхъ дэгъуэри, зэрынэхъ дахэри умылъагъункIэ Iэмал имыIэу нэм щIэуэрт. Къулъкъужын щIалэжьхэм Розеля ауэ и Iуфэр къажыхьат а жэщым! ФIым псоми занщIэу гу лъатэ, ар хабзэщ. Махуищ къэнам Жантемыр и щхьэр щIэузын щхьэусыгъуэ иIэщ. Наташэрэ Маржанрэ гу къылъамытарэт. Жантемыр и гур фIрыфIкIэ пIэжьажьэркъым, абы игъэунэхуауэ ещIэ къэхъун ипэ  и гур ятэ хабзэщ. Жантемыр нэхъ балигъ хъуарэ пэт и хьэл зытетам иыджри тетщ. ЦIыхубзым зэи  зыкъебгъащIэ хъунукъым уи гум ирихьауэ, абы утелIэу щытми. Аращ ахэр къытрезыгъэчыр. Жантемыр жэуап иритыфынущ абыхэм ятеухуауэ хэт упщIэ къритми.
IэнатIэ гугъут Абдулчэрим зыIут IэнатIэр. Ауэ укъикIуэт хъунутэкъым. Шууейм шы емылыджыр IумпIэкIэ щыIэмалыншэм деж къыжьэдикъуэ хуэдэ ищIу нэхъ иужькIэ IумпIэр мащIэу ***т ищIыжурэ зэригъэIэсэм ещхьу гуп дыгъэлыр къыхэпIэнкIыкI къахэмыкIыу дахэу щигъэст. Зэманыр ткIийщ – къыпхуэгъэувыIэнукъым. Ар къыпхуэгъэувыIэну щытатэм Брежневым зэи жьы зищIынтэкъым. И щёIалэгъуэу къулыкъушхуэ иIыгъыу и дахэгъуэу щыщытам нэхъ иужькIэ къытехъуа тIорысагъри къытехъуэнтэкъым. Дауэ мыхъуами Жунид Абдулчэрим адрей Iыхьлы-Iэулэд Iэнэм кърихьэлIам я нэхъыбэр хуэарэзыт Леонид Ильич. Абы теухуауэ Бгыгъауэ Жунид и илъэс щэ ныкъуэм кърихьэлIахэм хъуэхъу куэд хужаIакIэт. Брежневыр тетыху зы цIыху Сыбыр катрэжынэм ягъэкIуауэ е зылI жэщым пIэ хуабэм къыхашу и фызым и нитIымкIэ илъагъуу «увраг народэщ» жаIэу яукIауэ зыми къыхуэгубзыгъыжтэкъым. Дэни кърахынт апхуэдэ щымыIамэ, къэмыхъуамэ? Псоми чэзу гуэр зэриIэр Жунидрэ Жантемыррэ я деж иджыри зэ сэтей къэхъуащ. Абдулчэрим «зэныбжьэгъуищыр» тенджызым щыщыар апхуэдэу игу къэкIыжыну къыщIэкIынтэкъым, Iэпыдзлъэпыдзу гуфIэгъуэ Iэнэм щызэхэзежэ щIалэ танэр мыхъуатэмэ. Ар къыпачауэ Мыгъазэ Жантемыр ещхьт. Жунид Абдулчэрим зэрицIыхурэ нэгъуджэ зэрихьэрт, ауэ Жунид и къуэ Тамерлан   и жьэпкъ лъабжьэм деж хэс анэлыр умылъагъун щхьэ ухьэфизу ущытын хуейт. А анэл цIыкIур Жантемыр ейр къытрахыу IэкIэ хагъэтIысхьауэ фIэкIа зэрыпщIэн дунейм теттэкъым. Сыту куэд къыщыхъурэ мы дунейм. Арауэ узиIэ Жантемыр къыщIэмыкIуар. Жунид ар къримыгъэблагъэу дауи къигъэнакъым.
Ари зы Iыхьэ, ари зы гъэщIэгъуэн. Хъунщ иджы, ар   къэхъунути къэхъуащ. Ар Розелярэ Жантемыррэ хьэдрыхэ здахьыну я зэхуэдэ щэхущ, Абдулчэрим абы хэIэбэкъым. Абдулчэрим игъащIэкIэ и гугъэнтэкъым илъэс щэщIым нэблэгъауэ зыбгъэдэс и щхьэгъусэ Маржан и Iэпхъуамбитхум хуэдэу имыцIыхуу. Жунид и илъэс щэ ныкъуэм дригъэблэгъауэ щэбэт пщыхьэщхьэм дыкIуэн ***йщ щыжриIам араи гу уз-щхьэ уз занщIэу щIэхъуар. Ей, мы фызхэри! Розелярэ Жантемыррэ   зыгуэркIэ гу ялъимытауэ, зыгуэркIэ игу емыбгъауэ абы фIырыфIкIэ Жунид и санэхуафэм зыхигъэнакъым. Апхуэдиз илъэс хъуауэ и щхьэгъусэм ибзыщI щэхури къэIуатэ жэиIэу Абдулчэрим дауэ ирихухьыну? КъызэрыщIэкIымкIэ, лIымрэ фызымрэ игъащIэм жьэкIэ зэжрамыIэу щэху здаIэнкIэ мэхъур. Хэти абы хуей?. Зигу ныкъуэн хуеяр Жунидыжь мыгъуэращи, «бжьакъуэшхуэ»  хъужауэ Абдулчэрим и гъусэу йофэри щысщ. Розелярэ сэрэ тенджызыр дэзэгъат. Абы дызэрыщыIам и фIыщIэкIэ ди нэ къызыхуикIыу щыта щIалэ цIыкIур зэдэдгъуэтащ жери Iэнэм щысхэр сэ зысшыIэу ялъагъум гъэхьэщIа, гъэшха  хъунукъым жиIэурэ Абдулчэрим фадэм къримынэIауэ ефэурэ езым зыхищIэу чэфыфI къэхъуат. Ауэ итIани ефэрт. Ефэурэ Жунид дежкIэ плъэху илъагъу «бжьакъуэшхуэхэр»  зэ кIуэдынтэкъэ.


Рецензии