Гъатхэ

Газ уастэр естау,
Сыпэбжьауэу сыкъэкIуэжу,
Зэуэ – Дыщэджэд
Си пащхьэм къихутащ.
ИIыгъхэм щыщ Iэпыхум,
Сепхъуэрэ къыхуэсщтэжу,
ЩIы гъунэм сыдэкIуэнт.
НэбгъузкIэ къызэмыплъым.
Газ уасэр езмыту,
Абы си ахъшэр къеспхъыхатэм,
Къэхъуар къыхуэмыщIэу,
Мыхъуми къэплъэнтэкъэ?!
Си гъащIэм сыщхьэпщтырщ,
Япэ сщIэн ***йр, иужьым сощIэ.
Гъатхэ хъуам сыщауэщ.
Ныбжьыр зыхэзмыщIэ.
ЩIэзгъашэу Iэпэр зэзнэкIа илъэсхэм,
Дыщэджэду дапщэ сэ слъэгъуа?
КъызэпщIэнур сыт лIыжь кхъахэм,
ГЪАТХЭ?! –  Иджы арэзы ухъуа?..
Уа, ди Тхьэу лъапIэ,
Газ уасэр тIуащIэуэ естынщ.
Дуней жэнэтыр уэ
ЩIэх IэщIыб сумыгъэщI закъуи.
Хъыджэбз дахэхэр къыздэзгъажэу,
ЩызиIам дуней
Къыстехуа гуэныхьхэр,
УсэкIэ спшыныжын ***йщ.


Рецензии