БлагъэмыгъэкIуэд

                I
Си анэм и анэшым,
СыкIуэрейу щытащ!
Я тэмакъыр залэми,
Ахэр цIыху жумартт.
Дзэ жан сыхъуну жаIэурэ,
ФIыу лы гъур сагъэшхт.
Лъагъунлъагъу ежьам,
ШызакъуэгукIэ кIуэнут.
Я Iыхьлым деж нэсым,
Жьагъэр къырахынут.
Партым хэт я мащIэми,
Ахэр лэжьакIуэшхуэт.
Тебгъуэтэжт я псалъэм,
УтхьэгъэпцIым къыпхэуэнут.
Щомахуэ Темыркъан
Шыхъуэуэ щытащ.
Абы и шыбз гуартэр,
ЗэдэкIуэу тIурытIылъхуэт.
Мэзкуу ар щызэхахым,
Буденнэр къагъэкIуат.
И Iэпщэ сыхьэтри тыгъэ,
Ди шыхъуэм къыхуищIат.
Зи бзэр зыхуэмубыд цIыхухэр,
КъещхьэкIуащ Щомахуэм:
Ар уэркъыу щытащ, жари,
«ЛIыхъужь» ирагъэщIакъым.
 А зэманым щыIа властым,
Ар и напэуэ къренэ.
Куэд дэмыкIыу ТЕМЫРКЪАН…
Ихьауэ щытащ фэбжьышхуэм.
                2
Си анэм и анэшым,
Ноби сакIэлъокIуэ.
Уамыгъашхэу –
УлIщ уакъыIэщIэкIым.
ТIорысэ хъуащи си дзэхэр,
Лыр гъэвау къысхуахьыр.
«ВгъэныщкIуи къызэфт», – жысIэм,
Си псалъэр ТIУ ЯЩIЫНУКЪЫМ!
Нобэ сызэуэн ***й хъум,
Щомахуэ къыздэсщтэнущ.
СощIэр, Совет властым хуаIэ губжьыр,
Си бийм тракъутэнущ.
Абыхэм къалъхуам,
Сэ сыкъалъхужами,
ЗэрысщIэтыр я лъы Iыхьэ,
 ТекIкъымэ си напщIэм.
ЩIыр хъурейщи мэкIэрахъуэ,
Къалъхухэм цIэхэр фIащ.
Темыркъан Жэмыхъуэщ,
ИкIи цIыху зэтетщ.
Куэдрэ ди щIалэр,
Iуэхум пхырыплъащ.
ЗыIущIам Щомахуэр,
Ар ирихужьащ…

ЩIы гъунэм кIуа си щIалэм,
Сыреджэ, сигъэфIэнущ.
Ауэ сыт, сыгумыгъуэжьщи,
Си гум пыкIкъым – ХЬЭРЭКХЪУЭРЭ!


Рецензии