Тхьэмадэ

И джабэр хущIэсхуурэ,
Си джабэм сеуэжащ,
НэкIуатэ жаIэм сахуурэ,
ЖьантIэм сыдэхуащ?!
Щысхэр къоплъыр си жьэм,
ЖысIэр ягъэзащIэ,
Нэхъ созэгъ тхъурыжьэм,
ЗыхузощIыр лым пэIэщIэ.
Нэхъ шхыныфIу щыIэр,
Сэ си дежкIэ телъщ,
Инщ си гъэтIылъыгъэр,
Жьы-мыгъужьыр скъуэлъщ.
Iэгум икIа бзуу,
СIэщIэкIащ - щIалэгъуэр,
Сыщыдэтым згъахъэу,
Жьы сыхъуну сщIакъым?
Зэмаными ятау,
И нэ-Iэ стыригъэкIкъым,
ЛъэкIащ къызэгущхъуэну*.
IэнэкIэм щысхэр слъагъукъым.
Дуней мылъкъур симыIау,
Шхэфэгур сиIэжарэт,
Схьырт гъащIэр былътырыкуу,
Си теплъэр яфIэдахэт!
Дыщэ дэлъ фигугъэу,
ЖьантIэм фемынэцI,
ЖьэкIэ жысIэ мыхъуу,
ЩIэх хуэсщIащ гулыцI**.

*Къегущхъуэн - обижать, сделать больно
**ГулыцI – антипатия.


Рецензии