Псы ефэжыгьуэ

Си джакIуэхэм кIэрыхуащ,
Жьэрэ - Iэрэ зыхуахьыжкъым цIыхухэм,
БлэкIам и ней къатехуащ,
БжьыфIэу "застойм" пхырыкIахэм.
Нобэ я псы ефэжыуэщ,
Шхьэприхау къэпсэуахэм,
Жъыр къыздепщэр къащIэнщ,
ЩIакхъуэ хужькIэ зи Iэ фIейр зылъэщIахэм.
Гъейишхуэ къэхъуным ипэ,
Хьэтыкъым* нэщанэ еуахэт,
Хуэхейт ар зыщIахэр напэ,
Хьэхэбасэ** яшхыну къэнахэт.
ЦIыхур дунейм тетыхун,
Iэдэбу щытыну и боршщ***,
ИщIами къыщIихьын губгъэн,
Гува-щIэхами пшынэнущ.
Сэ си анэшхуэ Нурэ,
УщиякIуэшхуэу щытащ,
КIыхуэкIуэм фэкъырэ,
ХьэжыгъэкIэ егуэпащ!
Дефолтыр къэхъуным ипэ,
Мамэ си гу къэкIырейт,
Къэхъуну фэ есплът мыщхьэпэ,
ЦIыхухэм - ирагьэлейт.

*Хьэтыкъ – чурек
**Хьэхэбасэ - бродячая собака
***Боршщ – обязанность, долг.
1998 г.


Рецензии