Делэ цIыкIу

КIэнауэм кIуасэм жиIэу дадэ,
Къуэрылъхур кIапсэкIэ сыщипхым,
Сэ нэхъ къуейщIей дэсакъым «щIалэ»,
Бахъсэн аузыр зи кIыхьагъым.

Iэпхлъэпх сыщищIу щытам дадэ,
Иджыри сэ сы «делэ цIыкIут»,
Къэгъазэ жиIэм нэхъри сыкIуэрт,
ТIэу жимыIамэ, зысщIырт-дэгу?

Куэд щIэхуэрт Хьисэ и тэмакъым,
Къуажэм цIыхуфIыуэ дэIуат.
ФIэфIт унэ щащIкIэ кIуэн щIыхьэхум,
Сызэрэнауэ къэзгъэкIуэжт…

Уа, дауэ ц!ыхут а си адэшхуэр,
Къилъхуахэм япэ сыригъэщт.
Къысхуигъэгъуащ и нэхъ башыфIри,
Ар зэхуэдитI ауэ исщIыкIат.

СызоплъэкIыж сыщIегъуэжау, -
ПщIэншэу башышхуэр пызгъэщхъат,
ШкIэхуж сыщыкIуэм дадэ ещхьыу,
ХьэлъэIуэ хъури – хыфIэсхуат.

Фарзитхур махуэм игъэзащIэу
Си адэм и адэр къэпсэуащ,
Цiыху гъащIэ къэзгъэщIэну Тхьэм схуэлъэIуу
И дуней Iыхьэр къиухащ.

Ар нобэ псэуэ сиIэжатэм
Си щIыхуэр сыпшынынт,
Iуэху иIэу гъуэгу техьатэм,
Iэлъэныкъуэ башу, щыхуейм сыкъигъуэтынт!
                1995 г.


Рецензии