ФIэрыукIэ

Iуащхьэмахуэ сыту лъагэ
Хьэрэкхъуэрэ елъытауэ,
Уэс къежьапIэм зи щхьэр щыIэм,
ЗыщызгъэнщIкъым махуэр бзыгъэм.

Дауи къелрэ ар техьэгъуэм,
Сехь и Iуэхум а Абрагъуэм,
Жьы зэпихум удэджэгурэ,
КъыпщIихуам уегъэсымаджэ.

Гъэми-щIыми уэс мыткIужхэр,
ТекIкъым зэ абы и щIыфэм,
Сыт щIенахуэр абы пшэжьхэр,
КIэрыспхэнт слъэкIамэ уафэм…

Мы дунейм адыгэ теткъым,
Iуащхьэмахуэ зи мыщIасэ,
Дыпсэуху ди нэгум щIэкIкъым,
Щыдмылъагъум – догузасэ.

Ноби, зекIуэр къытщыхьамэ,
Дэ щIыгьунэм къохъу дыщыкIуэ…
Хэкум лъапэр къэдмыхьэсу,
Бгыр фIэрыукIэу къыдолъхъур!

Сыплъэм слъагъуу Iуащхьэмахуэ,
Щызгъэуам Жэнокъуэм мэкъу,
СафIэхьуну пашэ,
Нэхъ къэру сыхъуауэ – секъут!

ФIэрыкIэ – метка, отметина.
                1999 г.


Рецензии