Зэплъыж

АдыгэлI хахуэурэ къуршыбгъэ дамэ,
Адэ хэкужьыр зи дэрэжэгъу,
Шэджэм псы къелъэу уигур ущIащи,
Пшхыр фIэкIхъым томакъым, уимыIэм дэшхэгъу.
Ди Iуащхьэмахуэ телъ уэс мыткIужхэр,
Зылъэгьуа нартхэр нобэ псэужкъым,
Абы я фэеплъу къэнар уэращи,
ДэнэкIэ бгъазэми: «Гупмахуэпщийщ»!
«Гупмахуэпщий» псалъэм дунейр къеубыдыр.
Гупмахуэпщий жоIэри Iэруубыд псори бощI,
ПсалъэфIу щыIэр уи бзэгум телъщи
ЦIыкIууэ жыпIэми ину узэхах!
Тенджыз тIуащIэм лъэпкъыу дэсым,
Уэ зыкъуагъапщэурэ цIыху къищIыкIащ.
Уи хабзэр нэмысыр ирагъэкIри кхъузанэм,
НэхъыфIу хэлъыр «IэбжьыбкIэ» къащтащ!
Гуэл ЩхъуантIэм ухэплъэмэ гьуджэу укъощыр,
ХыумыгъэтIасэу уи сурэтым еплъыж.
Ахъырзэману щыта адэжьхэм,
Фащэр пщымыгъми хьэл-щэнкIэ ещхь хъуж!
Уи пщэм къосыр, Iуэху щIэну уиIэр,
***т хъуауэ цIыхухэр шыгъажэу къызэдожэ,
Адэжьхэм фIыуэ къыхужаIар,
Уи хуэмыхуагъкIэ умыщI псыхэкIуадэ.
«Гупмахуэпщий» псалъэм дунейр къеубыдыр,
Ауэ абыикI иIэщ чэзу.
Я нэхъ гуп дыгьэлми урифIэкIыну
ФIохъус сэламыр ауэ къару!
                1988 г.


Рецензии

Завершается прием произведений на конкурс «Георгиевская лента» за 2021-2025 год. Рукописи принимаются до 24 февраля, итоги будут подведены ко Дню Великой Победы, объявление победителей состоится 7 мая в ЦДЛ. Информация о конкурсе – на сайте georglenta.ru Представить произведения на конкурс →