ВагъуэщIэ

Iэдакъэ жьауэ ищIауэ,
КхъуэIуфэр сщIащэрэт здэплъэр
Уэсыбгым дэкIынут лъэкIамэ,
Бэяну вагъуэ мэлъыхьуэ?
Хьэхым и деж къэкIуауэ,
Абрагъуэ гуэр ирокIукIыр,
Къихьащ и щхьэр "Шыхулъагъуэм".
Куэдым ар я шэсыпIэщ.
Нобэ "Союзым" и тетым,
И нэфI абы къыщыхуатэм,
Зэуэ хуэхъунурэ дамэ,
Уэгум лъагэу ихьэнут!
МутIафив* иIахэм я фIыщIэкIэ,
Ар удихьэхыу жьэнахуэщ,
СабырщIагъейуэ** къалъхуар,
Хагуэну ехъупсэхи щыIэщ.
ВагъуэщIэм къалэмыр мубзэIуу***,
Куэдрэ тхэну игугъэщ,
Хейуэ лей къызытехьэм,
ЦIыху щыпкъэр – щыжакIуэ хуэхъуну
И Iэужьу дунейм, - къэунэхуам.
И къуэпсхэр жыжьэ къыщожьэ,
СОС къилъхуам къалъхужахэм,
Яхэткъым абы нэхъ жьэнахуэ.

*МутIафив – наставник.
**СабырщIагъейуэ – смирный.
***МубзэIуу – всегда острый.


Рецензии