Выгъуэижым и Iэужьу После метеоритного дождя

Фыкъэув сэтыру цIыхухэ,
Нобэ япэу сотыр уаз.
Фэ зыгуэр къыфхэтым гухэ,
ЗывмыIэжьэуэ зевгъэз,
Фоч зэгуэтым къикI бдзамцIэшэу
Сэ си псалъэр лIапIэм тохуэ,
Фытемыт дунейм зыхэфшу,
ЦIыху и ней зыщывмыгъахуэ!
Куэд зэтес ещIыж зэманым,
***й-хуэмейми щыIэщ щыуэ,
Соплъри ***й гъунэжщ пшынэну,
ЯмыгуащIэу сом къащтауэ.
Схуэмыфащэ дэслъхьам си пщэ,
Фэ си судыр ткIийу фымыщIэ,
Мы дунейм щекIуэкIхэм,
Сыхуэмейуэ сагъэшхыдэ.
Фэ нэхъыбэ фи тэмакъым,
ЩIэвгъэхуэфу къыщIэкIынущ,
ЦIыхухэр псори хьэлкIэ зэщхькъым,
Дэчых зиIи соплъри щыIэщ.
БыIуэбышэу къэна цIыхухэм,
Кърапэсхэр ятозагъэ,
Ахэр щыщщ электоратым,
Бжьэпэтехуэу гугъэ яIэу?!
Адэ щIэину къахуэнам,
Ахэр щIыIэм иригъэскъым,
Я щхьэр псоуэ нэху къатещхьэм,
Къэкъейиху шейкъарэ йофэ.
Ди къэралым и казнам,
Ахэр ауэ ***йкъым,
МащIэтIэкIум я гу къеуIэ,
Къалэжьау яшхыжым!
Ахэм тыншщ уадекIуэкIыну,
Тегъэсау уи пыIэр,
Фыхуейм жысIэр вгъэунэхуну,
КъеIысхынщ сыкIуэнщи яIэр.
Ирикъуауэ дунейм тетхэм,
Я гур ***т шейтIаным хуащIкъым,
Йоплъри я гъуэнэгъухэм,
Унэ уафэм дыращIейкъым?!
Арыхауэ здэкIуэм
Я ныбжь цIыхум техуэм,
Ахэм я дзэ мэшыр,
Техьэлъау ягугъэу.
ФIыуэ щыIэр зэхъулIэнхэм,
ЦIыхум и пщIэр ягъекIуэдкIым,
Абы я Iэдэбагъым, дунейр зэтреIыгъэ!...
Псы пэгун къахьыну пхъэхькIэ,
Дамэм дырахьейкъым,
ПщIэуэ щытым уэ Iуэху щIэкIэ,
Уздекъунущ пэгунитIым.
Иджыпсту жысIам, щIэбзэ зыри щIэлъкъым,
Образ ***й сыхъуауэ-гъуэгу фытесшэу арщ,
Зы псыкъуийм зэмыщхьу пэгунитI кырахкъым,
Моби, моби салъкъыныр къыщхьэщех зэхуэдэу.
Гуащэ ткIий бгъэдэсым ар жызигъэIэнущ,
Абы куэд егьэври, зыкIи хуэмыфащэу…
ЦIыхухэм я гур здэжэм нэсыфатэм я щхьэр,
Дэ нэгьуэщI дунейт баяну дызтетынур,
Изрэ-ныкъуэрэ зэрыщIэу къэхъунщ дуней иджыри,
Псори къэнэжынущ, къытхэуэм – Вагьуэижыр.
Нэпсыншэу цIыхухэр зэманым щигъэгъуэгым,
Абыхэм, нэхъыфIт яхурикъуам акъыл,
Къэхъуам къыхахыу дерс здэпсоуэ зыгурыIуэу,
Здашхау щытатэм, IэфI тещIыэжыжу – лыжь?!...
Уафэ къащхъуэм и дахагъым,
ГъащIэ кIыхь уиIэну, къуэтыр гу къыдэж,
ГъэщIэгъуэнкъым мащIэу ухуэнабгъэм,
Iуащхьэмахуэу фIы куэд зи нэгум къыщIыхьэж…
Сэ «ранжиру» зыри фызгъэувакъым,
ФIэтам фи Iэр евдзыхыж,
Псоми фIыуэ тлъагъу ди Хэкум,
Щыбагъуэн Тхьэм ищI
ЦIыху Пэж!!!
                15.02.13


Рецензии