Фи тхьэкIумэхэр в гъэжан

Зэ хьэуазэм сыхэмыхуэу,
Илъэс хыщIыр къэзгъэпкIащ,
Фэбжь згтуэтахэм я дэмыгъэу,
Вэгъу си гущхьэм трищIащ.
Куэдрэ си пэр тезудыжу,
Сыджэлами ягъэ кIакъым,
ТхьэлъэIу цIыкIу зэ схуамыщIыжу,
Си ныбжьэгъухэм къагьэнакъым.
Гьурри-цIынэри кьэсщIауэ,
АдкIэ гъащIэр изохьэкI,
Си жэгьуэгьухэм фIыр къахуищIэ,
Сэрщхьэ Iэджи кърахьэкI?!
Си IэштIымхэм фыкъемыплъу,
Фи тхьэкIумэхэр вгъэжан,
Сопсалъэф сэ щIэбзэ щIэслъхьэу,
Хъушэу сиIэщ фхуэзгъэжэн!!!
А уIэгъэ си гум телъыр,
Куэд дэмыкIыуэ хъужынущ,
Зэрызыхэу фи цыр сщынурэ,
Абы сахуэр тескIутэнущ!?
Си Iэдакъэм къыщIэкIам,
СелIэлIами хъунут,
Сытым хуэдэу ар жъгъыру,
Рифмэхэм ящIынут!
Усэу ар къызэхъулIатэм,
Къэунэхуащ поэт - жаIэнт?...
Ахэр хъыжьэу бийм пэувым,
Хьэдэ гуузу хагъэбагэ,
Сэ а хабзэр сымыкъутэм,
Нахуэу сы тхьэгьэпцIщ,
Хейм илъ хамэм ещIэж – жаIэу,
Ауэ жаIагъэнкъым?!


Рецензии