Бжьыхьэ и къуэ Батыр

Ди дэм къекъкъутэ,
Къэбыр бэгъуау
КъысхуэIэткъым ин хъуау!
ЦIыхуцIэ зиIэм
Къыпачыж мыIэрысэр,
БещтомкIэ жьы тIэкIу
Къепщати – нэхущым?
Бжьэ матэхэр-табу
ХуэбапIэм щIагъуувэ,
ЩIымахуэр икIыху
Ахэр ирежей.
Фо кIуцIрэ дэ купщIэкIэ
Фышхэнум фыкъакIуэ,
Мыщэ и къуэ Батыру
Пелуан фыхъунщ!
Гъэмахуи щIымахуи
Къэбыр шэм докIур,
Шхын хэдэ фщIымэ
«Къакъ» фэзгъэшхынщ.
Деликатесу нанэ
Сигъэшхыу щытахэм,
Фи щхьэ и сабэп
ВгъэщIагьуэу къекIынщ.
Бжьыхьэр берычэтщ,
ЩIымахуэжыр – жып иуэщ,
Маржэ! – Iыхьэншэ зывмыщI.


Рецензии