Сыпхуосакъ

Къазбжати, адыгэбзэм
Зы мелуан псалъэфIу хэтщ,
НэхъыфI дыдэу хэту хъуам-сыритетщ!
Псори зэуэ бжесIэкъым, сыныпхуосакъри.
Фом зытебукIэжым уи гур кърегъакIуэ….
Си псалъалъэм и щхьэр,
Зэрылъэфу пхащ,
Нэхъ гу нэсу хъуар,
Псори уэ ууейщ!
Уэ Омар Хайям бощIэр и хъыбар,
Абы къэтэджыжу-зыри къыбжиIэнукъым.
Нобэ сэращ уиIэри,
Си жыIэм укъедаIуэм,
Уи гъащIэ къыпхуэнар,
УщIэращIэу уэзгъэхьынщ!
ТхьэIухуду дунейм тетыр
Чэзууэ къэувамэ,
Уэ нэхъ ящхьэ – узгъэкIуэнущ зо!
Сыт ущIелъэпауэр,
ТхьэлъапIэм къуипэсам,
Шу гъусэ сыпхуэхъунщ,
Ущышэсхэм деж Пегас!
Уеша-уелIау укъышепсыхыжкIэ,
Мыхъуми,
Лъэрыгъыр пхуэсIыгъынщ.
Зэзакъуэ – къызэплъыж!?
                1976 г.


Рецензии