ДызыIурамылъхьэжщ

А.С. Пушкин цIыхухэ феджэ,
Дэмысами зэи Бахъсэн,
Псори хъуркъьм сондэджэр,
Хэт итIанэ дигьэсэн?
И псыхуэлIэ иригъэкIыу,
Ар зэгуэр хэфам Бахъсэн,
Къыритхъэнт алыф лъэмыкIыу,
Сытыми ар дэ кьытщхьэпэнт!
Мыбдеж щыткьымэ цIыху Iущым,
И гум фIыкIэ укъэкIыныр,
Ауэ сытми къуата дыщэм,
Ещхьу уи гум ар къинэнущ.
Нэмэз щыгъэ нобэ згьажэм,
ЩэщIрэ щырэ щыгьэу фIэлъщ?!
33?! – Дауэ ар?
А.С. Пушкин, А.С. Пушкин,
Зи дэмыгъэр сщIарэт ар?
Хъыджэбз дэсу 33,
ЩыIэу жаIэм си фIэщ хъунт,
ЗауэлI 33-рэ къыхэкIынкъым – хым!...
А.С. Пушкин, А.С. Пушкин,
УщыIам Бахъсэн бэзэрым,
Къащэху-ящэжу, абы тетхэр
Хэнынтэкъым уи нэфI…
Ди насыпым ящхь дыхъунщ,
Армырам – дыхокIуэдэж,
ЩэкIи-къэщэхукIи тщIэркъым,
ДызыIурамылъхьэжщ.
               Бахъсэн бэзэр, 1985 г.


Рецензии