ГъащIэ

Iыхьэ-Iыхьэу зэхэлъ гьащIэм,
Зыхуей дыдэр къыдепэсыр,
Лэгъупыкъу фIэкIа ар пщIэнкъым,
Плъыфэ Iэджэуи зехъуэжыр.
ЩIы хьурейм и тет зыр ещIри,
Адрейм и жыпым йоуэр,
ДыщIэбэгыуэрэ «ТIы хужьым»,
ЕгъэуфIыцI «ТIы фIыцIэм» ди гур?
ЗэрымыщIэу уфIэцIэфтым,
ГьащIэм задэу уезэуэнущ,
Ухуэмыхум – ущихынущ,
ЛIыгьэ пхэлъьм – утекIуэнущ!
Хуабжьу щхьэпэщ «Iэпщэцэжь»,
Бгъуэту занщIэуэ уиIэныр,
УщIэтыху, абы и жьауэм
Ууеинущ уэ «Шатащхьэр».
О дэ ди Тхьэу гьащIэ гуащIэ,
ДыбгъэикIэм сыт къыпхэхъуэр?
Хъер имыIэуэ ди гуащIэм,
Сыт жьантIакIуэм гъуэгу уэ – щIептыр.
                1989 г.


Рецензии