Бэзэр Нанэ

«Хъэм уишх» - жыпIэу цIыхум уещу,
Уи щхьэр сыт щхьэ бгьэпуда,
СцIыхухэм псоми уакъыхэщу,
Сыту уардэу ущытат.
Сабийу «къупхъэфI» ирагъэкIар,
Дэплъейкъым зэи цIыху мыгьэсам,
УщиякIуэфI уиIахэр,
НэхъыфIт -пщымыгьупщам!
Дунейм и хьэлъэр къызтещIар,
Уизакъуэу уимыгугьэ,
ЦIыху куэд кьэнащ – щIэщIау,
Ахэм иджыри яIэщ – гугъэ.
Уимыхьэла кьэбублэу,
Бэзэр нанэу зумыгьэIу,
Хьэпшып уи куэдщ бжьын блау,
ЩIыпхэмыльри сыт бгьэхэIу?
Уэ уи «лотокыр» мэлъхъэдису,
ЦIыху екIуэлIапIэ хъунущ,
Зэхахым ахэм фIы еппесу,
Нэхъыбэу шэхуакIуэ уэ уиIэнщ.
Хьэм ишхынкIэ уащIэмыджэу,
ЦIыхуу хъуам уэ уащхьэпарэт,
Хьэ нэхъ ябгэм щыпхьумэфу,
МэIуху* абыхэм уахуэхъуарэт!
Дуней бэджыхъыу зэIуща,
«ИнтернеткIэ» зэджэм ихьэт,
Итщ абы лIы гуэр гьуащау,
«Ерэхъу» - жепIатэм, дыщэкIэ уилэну!

*МэIуху – щит.


Рецензии