Дэшхуей щIагъым

Дауэ-дапщэр пIэ игьэшщ,
Гуп дыгъэл "табу" сыхэсщ.
Шэрэдж благъэу мес щожэх,
ЦIыху жумартхэм сабгьэдэсщ.
Хьэхым жеIэ - "иумыхьэх"!
Нобэ ар къыщалъхуа махуэщ,
Журтми фIыуэ "ирегьэх",
Нэгъэсау адыгэ щIалэщ.
Сэ нэгъабэ псалъэ стат,
Аушыджэр къытезгьэзэну,
Иджы нобэ мис, сыдэтщ,
Хэту хъуар къэкIуащ "Шыхулъагъэм".
Мыдэ феплъи фыкъэдаIуэ,
Хэтми тщыщ дэкIынщ арэным,
Е прозаику, е поэту,
Псалъэу къихьр, бэм къыщхьэпэу.
Дэ зыр зым дыщIэмынакIэу,
Щхьэж итхам гупсэхуу доджэр,
ГьащIэ зиIэм уэхъти иIэщ,
Хъуам – тыдодзэ, шыпсэм – додзыр.
Ди гум куэд дэ щыдогъафIэ,
Зэхихынщ зэгуэр ар лъэпкъым,
Персонажхэр хъум щIыкIафIэ,
Абы зыри зэран хэлъкъым.
Iэнэм щысхэр фыщыгъуазэу,
Сэ псалъэным сыхуэIэзэщ,
Фи щхьэр лъагэу фIэт гъусэфIхэ,
Дэ гъукIэфI дыдэсщ и жьэгум.
Дыплъэм тлагъуу гъэр къоушыр,
Жылэ махуэщ Аушыджэр,
Ди хъуэхъуфIхэм къуалэбзухэр,
Дахэу къыдожьу!
Ахэм дэнэ къышащар,
Рифмэр ди Iэужьу,
ЖэщкIэ псори гъуэлъыжау,
Теу зэрытщIыр, фIыхэм деджэу?...
                20.05.2010 г.


Рецензии