Пшынэж

                Джэрыджэ Хь. деж
ТIорысэ хъуа шляпэр сщхьэрыпчу,
Чын вууэ баракъхэмкIэ шындзым,
Щхьэ къуийр нэрылъагъуу къыщIэщри,
Двор кIыфIыр дыгьэпсу нэху хъуащ?...
Гоголь и щхьэр здэкIуам,
Нобэ щIэупщIэ и куэдщ,
Щхьэ сфIэмытауэ щытатэм,
Сыхъунут сытми псэкIуэд.
Уэ пщIар си тэмакъым щIэзыгьахуэр,
ШыгъупIастэ IэфIыу здэтIшхарщ,
Хуэмейуэ цIыхур йохуэхыр,
Абы щхьэт техъуэр, кьэхъуарщ.
Уэркъ шууэ дахэу зызыфIэслъхьэу,
ЖоIэжыр дуней сиIау,
Езыдыдэм ар си фIэщ хъужкъым,
Фэ птеткъым дефолтыр кьоIау?!
СызумкIынур захуабзэу къысхуэкIуэм,
УощIэр, дездзыхкъым сэ гъуэгум,
Практикэ щыхьэрым дыщыкIуам,
Сэтей къыхъукъэа-дыгъужьыгур.

Си махуэр уифIэщыуэ бгьеймэ,
Хьэзырыбзэщ уи «Мерсыр»
Урысри дигъусэу нэкIуэнущ,
БухъураскIэ пыIэкIэ – упшынэжынум.
                2000 г.


Рецензии