Щхъуэжь

Щыгьупщэнкъым Зинаида
Бахъсэныпс ефа щIалэжьыр,
Пащтыхьыкъуэуэ ар уардэщ,
Телъщ и напщIэм къурш иныжьхэр…
Фи Iэнэгум ар кьэхъулIэм,
ТIо фемыплъу жьантIэм дэфшэ
Псалъэ лъыхъэу ар гугъу ехъкъым,
Гупыр занщIэу зыIэпешэ.
Ар цIыху хъуну зыщигьасэм,
Гугъуехь куэдым ***йу пхыкIащ,
ЗымыIэжьу кIуэмэ хасэм,
Ялъэгъунщ – къупхъэфI икIащ.
Фэ абы зы пшыхь федаIуи,
ЗанщIэу нэгъуэщI цIыху фыхъунщ,
Фи гум къеуэу фиIэу хъуар,
Зэу щхьэ узыу фщхьэщихынщ!
Ар щыхьэрым къэкIуэрейщ,
ЛIыщхьэ куэдым IуощIэр,
Къэбэрдейхэм къащхьэпэнщ,
Абы Iуэхууэ зэрихуэр.
Бгылъэ щIыпIэм къыщалъхуам,
Жьыр къыздепщэм гу лъитащ
СССР-р лъалъэжыну,
Щэхуу жаIэу зэхихащ?
Фондхэм тэсу хъуар чэзуу,
Абы «Россия»-м щырегъафэ,
КъалэкIыхьым щыщIахуау,
ИIыгъщ коньякыу зы фэндырэ!
Iуащхьэмахуэ лъапэ,
Дапхуэдиз дэхуэнур цIыхуу,
КъакIуэу хъуам йогуапэ,
Хъызыр? – деж ирегьэблагъэ.
Фонду хъуар бжъын блауэ,
Бубэ зэщIикъуащ,
Мурмански, Камчатки,
ГьэпкIауэ кьигъэнащ?!
ЦIыху хъыжьэм и Мурадыр,
Къыплъихьэмэ уегъадэ,
ДэнкIэ кIуэми «щхъуэжьым»,
Зыхуейр зырегьэхъулIэ.


Рецензии