Еру

Зыкъэсщтэжынщ гуващIэхами,
Ирехъу сыщыIэу щIыкъатибл.
Сызыгъэжэкъуа «Дефолтым»
Сигугъэнт сэ хэту псибл?

Ди адэм куэдрэ къызжиIэжу,
Щытауэ сощIэж таурыхъыжь:
Сабий хъыдан-жэрумэр
Бын папщ1эу ихьат, жи, зы мыщэжь!...

Батыр мэз кIыфIым щапIа пэтрэ,
ГужьеигъуафIэуз щымытакъым,
ТIы фIыцIэм ар щIиват къатиблк1э,
КъикIащ еруту, зигъэлIакъым!

Мы дунеижьыр къэIубами,
СамыукIауэ зызгъэщхъынкъым,
АлейкIи сэ сы еру Бубэ
Зы цIыху и лей зытезгъэхьэнкъым!

Мэз кIыфIым сахьу самыпIами,
Бахъсэн аузым сыщалъхуащ.
Лей зыгъэгъу а псыхъуэм дескъым,
Хэт къыспэувэм – унэхъуащ!
                1999 г.


Рецензии