Дерс
Ауэ къызататэм,
Эргаивнэр хэту,
Къасщтэтэм согъэпIцI!
Хэти къыхиIуат ди бзэм къихьу ар,
Си дежкIэ, жыхьэнэмэ лъымыжт?
Адыгэбзэм сегугъуну,
МурадыфIхэр сщIау,
Зэхэсхыри а псалъэм, зэу сыIуигъэщтащ.
Нобэ схурикъужкъым уроку дезгъэхуахэр,
Iустазым баш текъузэ, хэлъамэ – къысщхъэпэжт.
КIасэу Iущ сыхъуауэ си бзэ сыноIусэ,
Укъэлыбу* - ухэмыт льыщIэж…
Си адыгэбзэу, псынэм хуэдэу къабззэ,
ШкIэм къыIурыж шэкIэрышэу,
Уэ къысхуэбатэж.
ФIыкъым жьы ухъуауэ уи щхьэм уеуэжыну,
Псалъэ зэпысIуахэм сеплъым, соукIытэж.
Сабэ тырихьау,
ПсалъэфI къазгъуэтыжхэр,
Адэ щIэину,
Къэзгъэнэну солъэщIыж.
*Укъэлыбу – укъэгубжьу.
1984 г.
Свидетельство о публикации №113020709542
Абубакир Жемухов 14.11.2013 10:23 Заявить о нарушении