ГуемыIу

Сабийр лагъымым теуващ,
Сабийр лагъымым теуващ,
ЦIыхухэ, зэхэфхрэ,
Сабийр лагъымым теуващ,
Нэрыбгэр псэу къелащ!
IупщIакIэ жану гъущI къутахуэр,
И гум нэмысу къэувыIащ,
Иджы аракъым Iуэхур,
И лъакъуйтIым яз – пихарщ.
Абы амал зэриIэр,
Дохутырым къыжиIащ,
Сабийм гукъеуэу иIэр,
АбыкIэ щъэщихащ.
Дунейм балигъыу тетым,
Хъарыпыр и дауэгъущ,
ЗэуIуу ахэм псоми,
Ярехыр – пу нэлэт.
Къэхъуар и напэу ирепсэу,
Лагъымыр щIэзылъхьар,
Ныкъуэдыкъуэу къигъэнащ,
ДжэгуакIуэ кIуа сабийр?
ГуемыIуу къулайсызыр,
Дунейм тетыхукIэ къэпсэунущ,
Зэи кIэрымыкIыуэ протезыр,
Абы шу гъусэуэ иIэнущ,
Зыри нэпс къыхуэмынауэ,
Анэр магъри магъ,
Нобэ хуэдэт лъэтеувэ,
ЗекIуагъащIэм – щыхуищIар?...


Рецензии