Къеблагъэ, илъэсыщIэ

              Делэ зыдэс жылэр къулей мэхъу
                (Адыгэ псалъэжьщ)
 
Махуэгъэпсым и ужь напэр,
ЗэзгъэдзэкIри, сыгуIащ.
Аргуэрыжьуэ зы илъэсыр,
«Психбольницэм» щызгъэкIуащ!...

Щхьэ псей жыгым кIапсэ исщ1эу
Си пщэр занщ1эу пызмылъэжрэ,
Хэт жиIэну еууей, жи1эу
ЗызгъэлIэжми щхъухь гуэр исфрэ?!

Махуэ къэс зызэф1эслъхьауэ,
СыщIыдэтыр сыт «психушкэм»!?
Хъуну хъункъым арыншауэ,
 - Фыщымысхьыт фэк1э к1асушкэм.

Абы сефэм нэхъыфI сещIыр,
Сохъу Наполеон,
Сэ сэвгъафэм сому фхэщIыр,
Хуэфкуэдк1э фхуэбагъуэнщ.

Сэ си жыпым ахъшэу илъыр,
Нобэ псори фэ фыфейщ,
СлIожь бюджетникхэм дэ къэтхьыр,
Хъэкъыр икъук1э мащIэ Iейщ.

Сэ гъуэщауэ «психбольницэм»
Дауи сыкъэкIуакъым,
Сыхуеджат фIыу си IэщIагъэм,
Къызатау щытащ - «Диплом».

Инженеру дапщэ щыIэ,
Къахуимытхъэу баш,
Махуэ къэскIэ бжьитI изофри,
Захуэу унэм сок1уэжыф.

Пщы зэрыхьэ къулей мэхъур,
Куэдым хъумэ сащхьэпэнщ,
Тхьэм зэхихмэ сэ си хъуэхъухэр,
Илъэсыщ1эр тхуэугъурлынщ!


Рецензии