Чэнджэщ

СлIожь утескIэ нэмэзлыкъым,
ПщIэуэ пщIауэ гуэныхь мин.
Махуэ къэскIэ пщIы фарзитхум,
Хэт уфIэщIрэ Тхьэм пIихын.
ЦIыхухэр ауэ Чэбэм кIуэркъым,
Уэ нэхъыфIт зумыIэжьам,
Зэнзэныпсым псори щотхъур,
ФIейр кIэрех, «Iэбжьанэм» кIуам!
- Уэ гуэныхьхэр упшынынум,
Махъшэ укIи занщIэу пыкI,
Дэщхьу щыIэ хъунщ пшахъуэщIми,
ЦIыху тхьэмыщкIэ-зылъэмыкI?
ДэнкIэ укIуэми игъащIэм,
ПфIэфIщ уэ куэду ахъшэ пщIын,
Яз, гуэныхьхэм щыщ птекIынум,
Къаплъэу шейххэр – зыфыщIыж!
                14.12.2009 г.


Рецензии