***

Зэкъуэщищ дэсащ Зеикъуэ,
ТIамэ, Хьисэ, Шэпсэдин,
ЖаIэрейт абы къулъхуолэ,
ЩымыIахэ пэт – Чэбэм.
ЯщIэрт фIыуэ зылI къилъхуахэм,
Зэрыщыпсэр мы дунейр,
Къыпакухьтекъым ажалым,
ИрагъэкIырт езыр – хъий.
ТIамэ и нэр щызэтрипIэжым,
Хьисэ зы нэпс ткIуэпс къекуакъым,
Ехъуэпсащ и шынэхъыжьым,
«Зи насып» пIэ хэнэ хъуакъым!
Духьашуэ щыта Быди,
И къуэшитIым ягъэфIэнт,
Зэхихахъунт Тхьэм и лъэIухэр,
ТIум я кхъабли щIэуващ.
ТIамэ нэхъ нэхъ лэжьакуэшхуэ,
Къуажэ псом дэсау ящIэжкъым,
Сыт къыхуащIми и унафэт,
Махуэр пщIэншэу фIэфIт мыкIуэдым.
ФIыгъуэу щыIэр Тхьэм къыхуищIэ,
Колхоз унафэщIым,
ТIамэ щехыжам дунейм,
Ар къэкIуау щытащ пщIэ ***щIу.
Хьиси зыри иIысакъым,
Лажьэ – шхэжу псэуа цIыхущ.
ЩыщIигъыIэм цIыхухэр гъейм,
КъиIэтау щытащ быныфI.
ПхъащIэ Iэзэу щымытатэм,
ЩIыхьэху куэдым ар хэнынт,
ЦIыхухэм фIащыр дзы Iэгуахъуэм,
Абы и нэр – джынэсут!
И шэмэджыр игъэжанрэ,
Шэпсэдин хыхьам мэкъупIэм,
Игъэуэнут зы гектар,
Гъэр икIыху ар шэмэджпашэт.
Абы щыгъуи блимыгъэкIыу,
И фарзитхур игъэзащIэт,
ХущIыхьэгъуэ зэригъуэгу,
МакъкIэ ар хьэдисхэм къэджэрт.
Зэкъуэшищым я хъыбар,
Сэ куэдIэй жысIэну сиIэщ,
Ахэр генийу къыщIэкIынт,
Зэи зыхуилътэкъым я фызхэр?!
ЩIыуэ мащIэт ахэм яIэр,
«Къадэхуэжу» яхурикьут,
ЗэпэIэщIэуэ псэуныр,
Зэкъуэщыщым – я ажалт.
Зы пщIантIэжь дэса зэщищым,
Дыщэ зыри къагъэнакъым,
Дыхъужарэт ещхь, цIыху Iущхэм,
Ер бжэгъулъэм къыкIым – хъуакъым?...
А дадищым яхурекъуу
Зытеса щIыIыхьэм,
Iей, зи гу илъ цыху ябгэ,
Тхьэм зеи къимыгъакIуэ.

Нобэ хабзэм куэд фIэлIыкIкъым,
Фызхэр жьэкIэ ялIхэм токIуэ.
                2007 г.


Рецензии