Анэ Iущ
Дуней шэрхъым сыщопсэу.
Псэущ си анэр, си къуэш закъуэр,
Си шыпхъуитIри нысэ – фощ!
Си адэ лъапIэр мыпсэужми,
И фэеплъу сыкъэнащ,
ЦIыхухэ – ар сщыгъупщэ хъумэ,
Сэ схуэфащэр – пунэлэтщ.
Бахъсэн псыхъуэр зи кIыхьагъым,
Мухьэмэду куэд дэсащ,
Ауэ сиядэрщ «бегъымбару»
ЗэцIэджэгъухэм яхэтар.
Кадетами си адэм и адэр,
Бын щэджащэ игъэсат.
Зэкъуэшихым я нэхъыжьыр,
Къупхъэм щапхъэуэ икIат.
Сэ си адэр мынэхъыжьтэм,
Сэ сыкъалъхурэт нэхъапэ?!
ЛIэжым! – жа1эурэ мылъхуэсыр,
Си адэ къуэшхэм сагъэфIащ.
Уэредадэ къысхурашу,
Махуэ къэскIэ щымытами,
Езы зэшхэр Iущу пIати,
Сэ гъуэгу махуэ схухашащ!
Нобэ ахэм я сэбэпкIэ,
Гуп сахыхьэм фэфI къызаплъыр,
ФIыгъуэу щыIэр Тхьэм къахуищIэ,
Къызэпыджкъым нэкIэ – ЦIыхухэр!
Сэ нэгъуэщIхэм сыкъалъхуатэм,
КъысхэкIынкIэ хъунт – жьэмыгъуэ,
Арыхати гуп сыхыхьэм,
Куэдрэ сэ къэсхьынт фэжагъуэ…
Уафэм си пэр щIэгъэкъуауэ,
Хъунут сэ дунейм сытет,
Ауэ Тхьэм симыщI сэ пагэ
Къысхуидэнкъым ар Хьэтэт…
Зэи и псалъэ тIу сымыщIыу,
Сыщытау си анэм,
Къэзыублэу симыхабзэ,
ЖезгъэIэнкъым цIыхухэм - гъуамэ*!
Май 2009 г.
*Гъуамэ - гадкий.
Свидетельство о публикации №113012611089