Маржэ!

Адыгэбзэ зымыщIэжхэм,
Сэ язох фIохъус салам?!
Ар зэхахым ди адэжьхэм,
Мащэм здилъым загъэзэнщ.
Жьыщхьэмахуэ сымыхъу щIыкIэ,
Сыфщхьэпэну сэ сыхуейщ,
Ноби Iуэху вдэсщIэнущ слъэкIмэ,
Куэдым ящIэу сы-алийщ!
Сыт дунейм утеткIэ Iущу,
ПхужымыIэу узыхуейр,
УзыIууэм дзы къыпфIищу,
ЩIэбгьэгуфIэр сыт уи бийр?
Ди нэхъапэ хьэршым кIуахэм,
Я гуэныхьыр ятекIащ,
Адыгэбзэр къыздащтакъым,
Анэмэту къытхуэнащ.
Маржэ,
Бзэм фыримыджэгу!
Ар, фэкIапсэу зэ тIэщIэкIым,
КъэкIуэжынкъым зэи ди жьэгу.
                08.06.2011


Рецензии

Завершается прием произведений на конкурс «Георгиевская лента» за 2021-2025 год. Рукописи принимаются до 24 февраля, итоги будут подведены ко Дню Великой Победы, объявление победителей состоится 7 мая в ЦДЛ. Информация о конкурсе – на сайте georglenta.ru Представить произведения на конкурс →