***
Мардэншэу махуэм дызэIуощIэр,
Ауэ зыри сэ уэ бжезмыIэф.
Дэ зыр зым куэдрэ дыхуозэшыр,
Мыпэжу ар езым жыIэф?
Сэ уэ бжезмыIэ – вагъуэ къыпхуэсхьынщ!
Гум си Iэр телъу Тхьэ пхуэзмыIуэ,
Уэрамым щызэрапхъуэ удз гъэгъами,
Уи деж нэсхьыну ***й сымыхъу.
Зэманым хъутэм епт гулъэф,
Семыплъу тIэу гъущI церп ислъхьэнт,
Болъагъур, чачэу дызделъэф,
Жьы дымыхъуну тщIамэ, фоч дэдгъэуэщет.
Дэ Тхьэм и нэфIым дихэхуащ!
Хуэхей дищIакъым лъэгъуныгъэм,
Ар дуней мылъку иуасэщ,
Абджыпсу сакъыуэ тхуэIыгъым.
Уэращ сэ гъащIэ гъусэу сызыхуейр,
Сэ жысIау псалъэм зей сепцIыжкъым,
КъызжеIэзакъуэ укъысхуейу,
Сэ си «пщIагъуалэм» зыш къытежкъым!!!
Свидетельство о публикации №113012211441